|
Аннотация к рабочей программе кабардинской литературе. 5-нэ класс Адыгэ литературэ Адыгэ литературэр 5-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. зэхалъхьа программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). IуэрыIуатэм хыхьэ Iыхьэр къыхахащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм (Гъут I., ЦIыпIынэ А.А., Тхьэмокъуэ Ж.Хь., Быхъурэ М.М., Табыщ М.А.). Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыхэзыхар, зыубзыху тхыгъэхэр яхуэзытхар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъ.И. 5-нэ классым и программэр игъэхьэзыращ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ А.Хь. 5-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Багъ Н., Балэ Л., Агъырбзэ З. « Адыгэ литературэ 5 класс» учебник-хрестоматие. Налшык. «Эльбрус»2010. 5-нэ классым щеджэхэм литературэмкIэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр ЖьэрыIуатэу: - художественнэ тхыгъэхэм гупсэхуу, гъэхуауэ къеджэн. ГукIэ зэрагъэщIа усэхэр е пычыгъуэхэр къекIуу, щымыуэу жаIэжыфу щытын; - классым щаджа тхыгъэхэм я купщIэхэр къаIуэтыжыфу егъэсэн; - щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм я IуэхущIафэ щхьэхуэхэм тепсэлъыхьыфу, нэгъуэщIхэм ирагъэпщэфу щытын; - езыр-езыру унэм щаджа художественнэ тхыгъэхэм, ягу ирихьа сурэтым, ялъэгъуа кинофильмым тепсэлъыхьыжын; - илъэгъуа е зи тхыгъэ еджа тхакIуэм и сабиигъуэм теухуауэ кIэщIу къэIуэтэжын. Яджахэр я щапхъэу къуажэхь, псалъэжь, псысэ кIэщIхэр зэхалъхьэфу щытын. Тхыгъэу: - зэджа тхыгъэхэм е пычыгъуэхэм я план зэхэлъхьэн, абы ипкъ иткIэ тхыгъэ мыинхэр ятхыфу щытын; - щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгъэхэм, абыхэм хэт лIыхъужьхэм, сурэт ялъэгъуам, псалъэжь щхьэхуэм, и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ сочиненэ кIэщIхэр зэхэлъхьэн. 5-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: - яджа художественнэ тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэр, абыхэм я гъащIэм теухуа хъыбар кIэщIхэр; зэджа тхыгъэхэр зытеухуахэр, абыхэм я сюжетхэмрэ хэт лIыхъужьхэмрэ; гукIэ зэрагъэщIэну къэгъэлъэгъуахэр; - литературэм и теориемкIэ зэхэщIыкIыныгъэ пыухыкIахэр: IуэрыIуатэкIэ зэджэр, абырэ литературэмрэ я зэпыщIэныгъэр, литературэ псысэр, литературэм и пкъыгъуэхэр, усэмрэ прозэмрэ я зэщхьэщыкIыныгъэхэр, эпитетыр, зэгъэпщэныгъэр, къэгъэпсэуныгъэр, н. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ: - щыгъуазэ зызыхуащI тхыгьэхэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр къыхагъэбелджылыкIыныр; - зэджа тхыгъэхэм щекIуэкIхэр къыщыхъу зэманыр, къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэр къахутэныр; литературэм и теорием теухуауэ щыгъуазэ зызыхуащIа художественнэ Iэмалхэр ящIэныр, зэджа тхыгьэхэм ахэр къыхагъуэтэныр; - егьэджакIуэм игьэув упщIэхэм япкъ иткIэ зэджа тхыгьэхэм хэт лIыхъужьхэм тэмэму тепсэлъыхьыныр. - художественнэ тхыгьэхэм гъэхуауэ къеджэныр, зы дакъикъэм псалъищэ е щэрэ пщIырэ и псынщIагьыу; - тхыгьэ зэджахэм щыщ пычыгьуэ щхьэхуэхэр жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи къэIуэтэныр, абыхэм хэт лIыхъужьхэм тхыгъэуи жьэрыIуатэуи тепсэлъыхьыныр; тхыгьэ цIыкIу зырызхэм план хуэгъэувыныр, лIыхъужь щхьэхуэхэм теухуауэ жьэрыIуатэу рассказ зэхэлъхьэныр; - классым щаджа е езыр-езыру щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгьэхэм жьэрыIуатэу рецензэ етыныр, езы еджакIуэхэм я Iуэху еплъыкIэр щыгьэбелджылауэ; - зэреджэ тхылъхэр, хрестоматиехэр, зэрыгъуазэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр тэмэму къэгьэсэбэпыныр. Программэм и зэхэлъык1эмрэ абы къызэщ1иубыдэмрэ: Хэзыгъэгъуазэ - 1 1уэры1уатэ- 9 «Бажэ хеящ1э» «Дзыгъуэхэм я хейр джэдум зэрищ1ар» «Пк1ауэ и джэш дзык1э» «Къэблэжьар лъап1эщ» «Иныжьым и къан» Псалъэжьхэр. Псалъэ шэрыуэхэр. Къуажэхьхэр. Псынщ1эрыпсалъэхэр. Литературнэ псысэ. К1ыщокъуэ А. «Елбэздыкъуэ»- 3 «Елбэздыкъуэ», 1 –пэ 1ыхьэ «Елбэздыкъуэ», 2-нэ 1ыхьэ «Елбэздыкъуэ» 3-нэ 1ыхьэ Акъ М.- 3.(Маргъын и шабзэ)-4 «Маргъын и шабзэ», 1 –пэ 1ыхьэ. «Маргъын и шабзэ», 2-нэ 1ыхьэ «Маргъын и шабзэ», 3-нэ 1ыхьэ Зэпкърыхыныгъэ Пащ1э Б. (Бэлыхь зимы1эр захуагъэщ)- 1 Цагъуэ Н. (Уэсыр сытым къыхэк1рэ)-1 Бештокъуэ Хь. (Уэсым и гъуэгуанэ)-1 Мечиев К. (Си къуэм папщ1э)-1 Уэхъутэ А. (Дудакъ)- 4 «Дудакъ» рассказым и 1-пэ 1ыхьэр. «Дудакъ» рассказым и 2-нэ 1ыхьэр. «Дудакъ» рассказым и 3-нэ 1ыхьэр. зэпкърыхыныгъэ Къашыргъэ Хь. (Зы жэщ) –3 Рассказым и япэ 1ыхьэр. Рассказым и ет1уанэ 1ыхьэр. Ещанэ 1ыхьэр. Кулиев К. (Анэ)-1 К1уащ Б. (Си гъусэщ)-1 Журт Б. (Адэ лъапсэжь)-2 «Адэ лъапсэжь», 1-пэ 1ыхьэ «Адэ лъапсэжь», 2-нэ 1ыхьэ Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. Хьэнфэн А. (Мывэ къуэлэн ц1ык1у)-1 Щомахуэ А. (Зэраншу)- 1 Къагъырмэс Б. (Псори зыщ1э Болэт)-1 Щоджэнц1ык1у А. (Май)-1 Бак1уу М. (Щ1акхъуэ)-2 «Щ1акхъуэ» , 1-пэ 1ыхьэ. «Щ1акхъуэ» , 2-нэ 1ыхьэ Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. Гъэунэ Б. (Уэ къэк1уэж закъуэ , папэ!)-3 «Уэ къэк1уэж закъуэ , папэ!» рассказым и 1-пэ 1ыхьэр. «Уэ къэк1уэж закъуэ , папэ!» рассказым и 2-нэ 1ыхьэр. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. Гъубжокъуэ Л. (Бжьэ къэпщ1ахэр)-2 «Бжьэ къэпщ1ахэр» , 1-пэ 1ыхьэ. «Бжьэ къэпщ1ахэр», 2-нэ 1ыхьэ Тхьэгъэзит З. (Гуапагъэ)-1 Щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэмк1э урокыу - 2 Классым щ1эмысу зэджапхъэ тхыгъэхэмк1э урокыу –6 Литературэм и теорие-7 Художественнэ тхыгъэмрэ 1уэры1уатэмрэ. Литературнэ псысэ. Рассказ. Зэгъэпщэныгъэ. Къэгъэпсэуныгъэ. Басня. Эпитет. Литературнэ л1ыхъужь. Бзэм зезыгъэужь сочиненэу -2 (4) «Хьэл мыхъумыщ1эщ»-2 «Сэ сыхуейт»-2 Гъэхуауэ, зыхэщ1эгъуэу усэхэм, прозаическэ тхыгъэ мыц1ыхухэм къегъэджэныгъэ-3 ГукIэ зэрагъэщIэн папщIэ къыхэха тхыгъэхэр «Иныжьым и къан» (мы программэм къыщыгъэлъэгъуа адрей псысэхэмкIи зэпхъуэкI хъунущ) таурыхъым щыщ пычыгъуэ, егъэджакIуэм къызэрыхихым елъытауэ. Къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, псалъэжьхэр (дэтхэнэми щыщу тхурытху мынэхъ мащIэу). К I ы щ о к ъ у э А.П. «Елбэздыкъуэ» поэмэм и пэщIэдзэр, сатыр 24-рэ мынэхъ мащIэу. Ц а г ъ у э Н.Н. «Цыжьбанэ лIыхъужь» псысэм и япэ сатыр 20-р. Щ о д ж э н ц I ы к I у А.I. «Май» усэр. К I у а щ Б.И. «Си гъусэщ» усэр. Б е щ т о к ъ у э Хь.Къ. «Адэжь щIыналъэ» усэр. К ъ а ш ы р г ъ э Хь.Хь. «Зы жэщ» рассказым щыщу сатыр 20 хуэдиз. К ъ а г ъ ы р м э с Б.Хь. «Псори зыщIэ Болэт» рассказым щыщу сатыр 20 хуэдиз. К I э р а ш э Т.М. «ЛIыгъэр зэрагъэунэхур» рассказым щыщ пычыгъуэ, егъэджакIуэм къызэрыхихым елъытауэ. Классым щаджхэм нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэу: «Лашын», «Мыщэм и къуэ Батыр», «Къарэ лъакъуищ», «ТхьэкIумэкIыхь Анэжьыр, Бажэр, Дыгъужьыр». К ъ э з а н о к ъ у э Ж э б а г ъ ы. «Хабзэмрэ пэжымрэ», «Зэман къакIуэм щIэкъур лIыфIщ», «Жэбагъы и хъуэхъу» хъыбархэр. Адыгэ литературэм щыщхэу: П а щ I э Б.М. «Жьапщэ мыгъуэ», «Гъатхэ», «Си щIыпIэм папщIэ», «Жьы хъуар гу махэщ», «Дуней ухуэныр- щIэныгъэ Iуэхущ» усэхэр. Щ о д ж эн ц I ы к I у А.I. «Гъатхэ», «Бжьыхьэ», «Хьэсанш цIыкIу и гущIэгъу», «Хьэсанш еджакIуэ» усэхэр. К I ы щ о к ъ у э А.П. «Уигу, си анэ, сыкъэкIмэ», «Гъуэгу къежьапIэ», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми» усэхэр; «Бажэ пшынэ» поэмэр. Т е у н э Хь.И. «Дыщэплъ пщэдджыжь» рассказыр. Ш о р т э н А.ТI. «ЛIыгъэм и вагъуэ» рассказыр. Щ о д ж э н ц I ы к I у I.У. «Си анэ», «ФIыщIэ», «Пэж», «Жыг закъуэ» усэхэр; «Шагъдийм и уэрэд» поэмэр. Щ о м а х у э А.Къ. «Жыг сатырхэр дэ хыдосэ», «Напэ», «ФIыщIэ», «IэщIагъэлI» тхыгъэхэр. М ы с р о къ у э С.М. «ТIолъхуэныкъуэ» рассказыр. Х ь э н ф э н A.M. «СфIэфIщ», «Шыдымрэ Дыгъужьымрэ» тхыгъэхэр. Н а л о З.М. «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ закъуэр» рассказыр. Е л г ъ э р К.М. «Жэщ гугъусыгъу» рассказыр. Г ъ у б ж о к ъ у э Л.М. «Къуршыбгъэ», «Хуитыныгъэм и хадэ», «Псы сыхуолIэ» усэхэр. I ут I ыжБ. Къу. «Пхъэхуеймрэжыгеймрэ», «Телъыджалъэ» усэхэр. ШэджыхьэщIэХь.ТI. «Боксер» рассказыр. Н а л о А.Хь. « Жыгкугъу» рассказыр Х ь э х С.Хь. « ДиректорыщIэ» рассказыр. Д ж э д г ъ э ф Б.М. «Анэхэр фэ зэикI фымыгъагъ», «Си адыгэщI», «Уафэгум ситми», «Iуащхьэмахуэ» усэхэр. Б и ц у A.M. «Си лъахэ», «Сурэт», «Анэм, и джэ макъ», «Си хэку» усэхэр. А ц к ъ а н Р.Хь. «И куэдщ си лъахэм жьыщхьэ махуэ», «Си махуэу си хуарэ», «Бгыщхьэм», «Жьэгу Iугъуэмэ» усэхэр. Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: Адыгэ псалъалъэ. М., 1999. Бэрбэч Б., БищIо Б., IутIыж Б. Адыгэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001. Адыгэ IуэрыIуатэ.Налшык, 1998. 6-нэ класс. Адыгэ литературэ Адыгэ литературэр 6-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. сымэ зэхалъхьа я программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). IуэрыIуатэм хыхьэ Iыхьэр къыхахащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм (Гъут I., ЦIыпIынэ А.А., Тхьэмокъуэ Ж.Хь., Быхъурэ М.М., Табыщ М.А.). Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыхэзыхар, зыубзыху тхыгъэхэр яхуэзытхар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъ.И. 6-нэ классым и программэр игъэхьэзыращ-нэ классыр - педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ержыб А.Къу., 6-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Ержыб А. « Адыгэ литературэ 6 класс» учебник-хрестоматие. Налшык. «Эльбрус»2011. 6-нэ классым щеджэхэм литературэмкIэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр ЖьэрыIуатэу: - художественнэ тхыгъэм тэмэму, ирижэу икIи гъэхуауэ къеджэн; - яджа художественнэ тхыгъэм теухуа сочиненэ зэхэлъхьэн. - литературэ лIыхъужьым теухуауэ егъэджакIуэм и упщIэхэм жэуап тэмэм етын; - рассказ кIэщI цIыкIу зэхэлъхьэн (цIыху къэс къалэн щхьэхуэ иIэу). - езыр-езыру къызэджа художественнэ тхыгъэм, гъуазджэ лэжьыгъэм, зэплъа кинофильмым е телевизоркIэ къатам пэджэж тхыгъэ гъэхьэзырын (персонажхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ езыхэм хуаIэ щытыкIэр къыхэщу). - Iуэхугъуэ гуэрым гъэхуауэ тепсэлъыхьын. Къызэджа тхыгъэм ипкъ иткIэ тхакIуэм теухуа хъыбар къэIуэтэжын. Басняхэр, хъыбархэр, псысэхэр мыин дыдэу зэхэлъхьэн (еджакIуэхэм я нэгу щIэкIа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр я лъабжьэу). Тхыгъэу: - художественнэ тхыгъэ мыиныр (дэмыгъэхуаIауэ, хэчыхьауэ е гъэкIэщIауэ) къэIуэтэжын; - литературэ лIыхъужьым теухуауэ егъэджакIуэм и упщIэм жэуап убгъуа етын; - тхыгъэм щыщ пычыгъуэм е тхыгъэ мыиным план хузэхэлъхьэн; - гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм зыдэщыIа дунеяплъэм, лэжьапIэм теухуауэ еджакIуэхэм я нэгу щIэкIа Iуэхугъуэхэм теухуа сочиненэ мыин зэхэлъхьэн. 6-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: – яджа художественнэ тхыгъэр зытеухуар; абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэр, хэт литературэ лIыхъужьхэр; зэпкъраха художественнэ тхыгъэхэм я ухуэкIэмрэ сюжетымрэ, гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ ирата тхыгъэхэр; – гурыIуэныгъэ щхьэхуэхэм я щытыкIэ нэхъыщхьэхэр: пейзажыр, литературэ лIыхъужьым и теплъэр (портретыр), щIагъыбзэр (аллегориер) зищIысыр. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ: – ядж тхыгъэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр къыхагъэщхьэхукIыныр, тхакIуэм къигъэлъэгъуа теплъэгъуэхэр (Iуэхугъуэхэр) я нэгум къыщIагъэхьэжыныр; – ядж художественнэ тхыгъэхэм хэт персонажхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр къахутэныр, абыхэм хэт художественнэ-зыгъэлъагъуэ Iэмалхэр (теплъэр, пейзажыр, щIагъыбзэр, егъэлеиныгъэр, эпитетыр) къэгъуэтыныр икIи абыхэм тхыгъэм щагъэзащIэ къалэнхэр жаIэжыныр; – я хьэл-щэнрэ я IуэхущIафэ елъытакIэ ядж тхыгъэхэм хэт литературэ лIыхъужьхэр ягъэбелджылыныр, тепсэлъыхьыныр; – тэмэму ирижэу икIи гъэхуауэ макъкIэ тхыгъэм къеджэныр; – тхыгъэхэр е пычыгъуэхэр тхыгъэуи, жьэрыIуатэуи къэIуэтэжыныр; – художественнэ тхыгъэ мыиным хэт литературэ лIыхъужьым теухуа план зэхэлъхьэныр; егъэджакIуэм игъэув упщIэхэм жэуап иратурэ ядж тхыгъэм хэт литературэ лIыхъужьым тепсэлъыхьыныр; – езыр-езыру зэджа художественнэ тхыгъэм е гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэм жьэрыIуатэу пэджэж псалъэ иратыныр (е тхыгъэкIэ къаIуэтэныр); тхыгъэм къыхэщ лIыхъужьхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ езыхэм хуаIэ щытыкIэр къыхэщу наIуэ къащIыныр; – художественнэ тхыгъэ зэджахэм е хрестоматием ит зэрыгъуазэ Iэмалхэр тэмэму къагъэсэбэпыныр. Программам и зэхэлъык1эр: Хэзыгъэгъуазэ-(сыхь.1) Художественна лит-р ц1ыху гъаш1эм щыщ 1уэхугъуэу; абы гъащ1эр пэжагъ хэлъу къигъэлъагъуэу зэрыщытыр. Художественнэ лит-м ц1ыху гъащ1эм щи1э мыхьэнэр, абы игъэзашДэ къалэн нэхъыщхьэхэр Адыгэ 1уэры1уатэ-(сыхь.5) 1.Нарт эпосым хэзыгъэгъуазэ. 2.Нарт хъыбархэр: «Тхьэгъэлэджрэ Лъэпщ и къуэ Дзэхупщрэ». 3. «Лъэпщ и 1эдэ». 4. «Нартхэ я гъубжэ». 5. «Сэтэней и л1эк1ар». 3.Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр(5) 1. Андемыркъан щ1алэ ц1ык1уу зек1уэ зэрык1уар 2.«Беслъэн П1апц1э». 3. Къэзанокъуэ Жэбагъэ теухуа псалъэ. 4.«Хэт мысэр?». 5 «Делэм сэ сыф1ок1, губзыгъэр езыр къысф1эк1ынщ...», «Жэбагъы жи1ар» Щоджэнц1ык1у А. - (сыхь.5) 1.Щоджэнц1ык1у А. и творчествэр , и гъащ1эр. 2. Империалистхэм зэхаубла зауэм и хьэзабыр зышэч ц1ыху къызэрыгуэк1ым и гъащ1эр «Ш1ымахуэ жэщ» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. 3.«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр зытеухуар, абы и гупсысэ нэхъыщхьэр. 4 . Рассказыр зэпкърыхыныгъэ 5.Пычыгъуэ гук1э Брат Хь.М. (сыхь.3) 1.Брат Хь. творчествэр 2.«Замир» рассказым къи1уэтэж 1уэхугъуэр. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр адыгэ бзылъхугъэм ип1ыжа урыс щ1алэ ц1ык1ум ф1ища ц1эм къызэри1уатэр. 3.Рассказыр зэпкърыхыныгъэ Жаным Б.1. (сыхь.2) 1.Жаным Б. и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ 2.«Щ1ы1убымрэ Ужьэмрэ» басняр зытепсэлъыхьымрэ абы къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Тхыгъэм ш1элъ щ1агъыбзэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъуар. Ущиер абы и иужьрей сатырипл1ым къызэрыщи1уатэр. К1эрашэ Т.М. (сыхь.3) 1.К1эрашэ Т. И гъащ1эмрэ и творчествэмрэ 2.«Гум ф1эф1к1э» очеркым къи1уэтэж 1уэхугъуэр къыщыхъуа зэманымрэ щек1уэк1а щ1ып1эмрэ. Фашистхэм я бийуэ партизанхэм ирагъэк1уэк1а бэнэныгъэр тхыгъэм къызэрыхэщыжыр. 3.Очеркыр зэпкърыхыныгъэ Абыт1э В.Къ. (сыхь.3) 1.Абыт1э В. и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ. 2.«Л1ыгъэм и дамыгъэ» поэмэр зытепсэлъыхьымрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. 3.Поэмэм щыщ пычыгъуэ гук1э Щомахуэ А.Къ. (сыхь.3) 1. Щомахуэ А. и творчествэр. 2.«Зэкъуэшит1» рассказым къи1уэтэж 1уэхугъуэхэр. Къэралбийрэ Чапайрэ ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуа щ1ык1эр. 3. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. 9. Шортэн А.Т1. (сыхь.2) 1. Шортэн А. и творчествэр. 2.«Балъкъ и деж» рассказым къи1уэтэж 1уэхугъуэхэмрэ абы пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. К1ыщокъуэ А.П. (сыхь.5) 1. К1ыщокъуэ А. и гъащ1эр, творчествэр. 2«Поэзие». 3. «Си хъуэхъу». 4. «Гъуэгу къежьап1э». 5. «Пасэрей хабзэ» К1уащ Б.И. (сыхь.4) 1.К1уащ Б. и гъащ1эр, творчествэр 2.«Гуащ1эдэк1», 3.«Си лъахэр». 4.«Сэ сф1эф1щ» усэхэр мамыр лэжьыгъэм, ц1ыхугъэм, зэныбжьэгъуныгъэм, мамырыгъэм теухуауэ зэрыщытыр. Дыгъужь Къу.Б. (сыхь.2) 1.Дыгъужь Къу. И гъащ1эмрэ и творчествэмрэ. 2.Ц1ыхухэм я зэхущытык1эмрэ дунейм и къэхъукъашДэхэмрэ «Мырсыт» тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Мэлыхъуэ Аюбрэ Хьэжмуратрэ Мырсыт зэрыхущытыр, хьэм къылъыкъуэк1 зэф1эк1ыр. Гъубжокъуэ Л.М. (сыхь.2) 1. Гъубжокъуэ Л. и гъащ1эр, творчествэр. 2. «Къуршхэр плъырщ» усэм лъахэм и теплъэр гу хуабагърэ цДыхугъэ инрэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуар. Усэм къыщыгъэсэбэпа зыгъэлъагъуэ-зэра1уатэ худ-нэ 1эмалхэм ягъэзащ1э къалэнхэр. Усэм и ухуэк1эмрэ и бзэмрэ. Жылэтеж С.Хь. (сыхь.2) 1. Жылэтеж С. и гъащ1эр, и творчествэр 2. «К1ыгуугу лъэпкъым и к1уэдыжык1ар» рассказыр зытеухуамрэ абы къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Бзэр лъэпкъым и нэщэнэ, ф1ыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ар хъумэн зэрыхуейр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Сонэ А.Къ. (сыхь.2) 1.Сонэ А. и творчествэр. 2.«Шагъдий» усэм ф1ы лъагъуныгъэ инк1э гъэнщ1ауэ адыгэшыр къызэщыгъэлъэгъуар. Усэм и гъэпсык1эр, тыншу макъамэ ш1эплъхьэ зэрыхъур. Абы и лъэныкъуэк1э усак1уэм къигъэсэбэп худ-нэ 1эмалхэр. Абыт1э Хъ. Я. (сыхь.2) 1.Абыт1э Хъ. И гъащ1эр, и творчествэр. 2.Гъащ1эр зэрыуахътыншэр, дахэу дунейм тетым нэхъ насыпыф1э зэрыщымы1эр усак1уэм «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ» усэм къызэрыщигъэлъэгъуар. «Жэщым и 1эф1ыгъуэщ» усэр зытеухуамрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ 1ут1ыж Б.Къу. (сыхь.2) 1.1ут1ыж Б. и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ 2. «Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ» рассказыр зытеухуамрэ абы къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Псалъэжьхэмрэ жы1эгъуэхэмрэ худ-нэ тхыгъэм щагъэзащ1э къалэныр. Къуиикъуэ Н.Ю. (сыхь.2) 1. Къуиикъуэ Н. и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ. 2.«Жыгыр пызыупщ1хэм» усэр зытеухуамрэ абы ш1элъ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Ц1ыхумрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ быдэу зэрызэпыш1ар усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Зэгъэпщэныгъэ къэгъэпсэуныгъэ 1эмалхэм теухуауэ. Къэпщытэжыныгъэ -2. 1.1уэры1уатэмк1э 2.Тхыгъэ яджахэмк1э къызэрапщытэж тест лэжьыгъэ Литературам и теорие-4. 1.Нарт эпосым теухуауэ 2. Пейзаж. 3. Басням, аллегорием теухуауэ; очеркыр, рассказым ар къызэрыщхьэщык1ыр. 4. Ритмэмрэ рифмэмрэ, строфам теухуауэ япэ гуры1уэныгъэхэр еджак1уэхэм егъэгъуэтын. 21. Классщ1ыб лэжьыгъэу- 4. 1.1уэры1уатэмк1э 2.Щоджэнц1ык1у А. и усэхэмк1э. 3.К1ыщокъуэ А. и тхыгъэхэмк1э 4.Гъубжокъуэ Л. и усэхэмк1э 22. Бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэр- 4 1. «Пасэмрэ иджырэ» зэгъэпщэныгъэу зэхэлъ сочиненэ- 2 2. «Зауэм къихь гузэвэгъуэр»-2 ГукIэ зэрагъэщIэн папщIэ къыхаха тхыгъэхэр «Лъэпщ и уадэ» хъыбарым и япэ сатыр 24-р; «Андемыркъан и хъыбарым» щыщ пычыгъуэ (егъэджакIуэм къызэрыхихым тещIыхьауэ, ауэ сатыр 24-рэ хуэдиз хъууэ); Щ о д ж э н ц I ы к I у А.I. «ЩIымахуэ жэщ» поэмэм щыщ пычыгъуэ (егъэджакIуэм къызэрыхихымкIэ); Б р а т Хь.М. «Замир» рассказым щыщ пычыгъуэ (егъэджакIуэм къызэрыхихымкIэ); А б ы т I э В.Къ. «ЛIыгъэм и дамыгъэ» поэмэм щыщ Iыхьэ (егъэджакIуэм къызэрыхихымкIэ); К I ы щ о к ъ у э А.П. «Гъуэгу къежьапIэ» усэм и иужьрей едзыгъуиблыр; А б ы т I э Хъ.Я. «Жэщым и IэфIыгъуэщ» усэр; К I у а щ Б.И. «Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфыр» усэр; Г ъ у б ж о к ъ у э Л.М. «Къуршхэр плъырщ» усэр. Классым щаджхэм нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр: «Нарт Бэдынокъуэрэ Иныжьымрэ», «Нартхэ я лэгъуп», «Нэфрэ нэ псорэ» хъыбархэр. Адыгэ литературэм щыщхэр: А х ъ м э т М.Хь. «Зызыгъэхъу», «Шыдым и тхьэусыхэ» усэхэр. Б е м ы р з э М. Хь. «Гузэрыдзэ», «Псалъэм и къарур», «Плъыр» усэхэр. Б е щ т о к ъ у э Хь. Къ. «Къуршхэр машинэм сыздисым» усэр. Б и ц у А.М. «ГурыщIэ къабзэ», «Къалэн лъапIэ», «Мамэ» усэхэр. Г ъ э у н э Б.Хъ. «Гъатхэпэ», «Жагъуэгъум» усэхэр. Г ъ у б ж о к ъ у э Л.И. «Адэжь щIыналъэ», «Адыгэ фащэ», «Си лъахэ – си удз дахэ» усэхэр. К I у а н т I э I.ТI. «Андемыркъан» тхыгъэр. К ъ а р д э н г ъ у щ I З.ПI. «Адыгэш», «Шыхэпщ» тхыгъэхэр. К ъ а г ъ ы р м э с Б. Хь. «Бгъэм и ныбжь», «Бгыщхьэ мыл», «Псалъэ» усэхэр. К ъ э ж э р П.Хь . «Адыгэжь щIыналъэ», «Мы дунеишхуэм и дахагъэм», «Дыгъэ» усэхэр. М э з ы х ь э Б.Б. «ГукъэкIыжхэр», «ЩIакIуэ хьэху» рассказхэр. Н а л о З. М. «Къру закъуэ» новеллэр. Т х ь э г ъ э з и т З.М. «Гъатхэ губгъуэм», «Жьыбгъэ», «Зэман» усэхэр. Х ь э н ф э н А.И. «Адыгэ нэмыс», «Гум къэкIыж», «Поэзием и шу» усэхэр. Х ь э х С.Хь. «Си гъусэ», «Удз дахэхэр» тхыгъэхэр. Ш э д ж ы х ь э щ I э Хь.ТI. «Тэрч щыхьэтщ» романым щыщ пычыгъуэ. Щ о д ж э н ц I ы к I у Н. Хь. «Губгъуэ гуащэ», «Пщэдджыжь пшэплъ», «ЩIыр мэбауэ» усэхэр. 7-нэ класс. Аннотацэ Адыгэ литературэр курыт еджап1эхэм зэрыщрагъэджэну программэр зэхэлъхьэным елэжьащ Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэк1э къызэрагъэпэща комиссэм хэт 1эщ1эгъэл1 гуп: Хьэк1уащэ А. Хь., Абазэ А.Ч., Бак1у Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., Т1ымыжь Хь.Т. сымэ, 2010гъ. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыф1хэр къыхэхынымрэ ахэр класск1э тегуэшэнымрэ. 7-нэ классыр и программэр игъэхьэзыращ филологие щ1эныгъэхэм я кандидат Абазэ А.Ч. 7-нэ классым папщ1э зэхэлъхьа программэр еджак1уэм курыт щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э егъэджэныгъэ хабзэм литературэм ехьэл1ауэ къигъэув къэрал стандартым ипкъ итк1э ухуа хъуащ. Е 7 –нэ классым программэмк1э къыдет сыхьэт-68, ауэ зэхъуэк1ыныгъэ хэлъщ республиканскэ учебнэ планым ипкъ итк1э /приказ № 418 от 18.07.2011/2012г./ литературэмк1э е 7- нэ классым илъэсым сыхь. -50. Бзэм зегъэужьыным сыхь- 5, Внекласснэ къеджэныгъэм сыхь -4 Адыгэ художественнэ литературэм и тхыгъэ нэхъыф1хэр теухуащ щ1эблэр Адэ щ1ыналъэмрэ ц1ыхубэмрэ яхуэпэжу гъэсэным. Адыгэ литературэр школым щегъэджыным и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ еджак1уэхэр искусствэм и псалъэм, ц1ыхубэ 1эры1уатэмрэ литературэмрэ куууэ хэшэныр ик1и ахэр и лъабжьэу школак1уэхэм я зэхэщ1ык1ым зегъэужьыныр, духовнэ, нравственнэ ик1и художественнэ я лъэныкъуэк1э зегъэузэщ1ыныр. Е 7-нэ классым адыгэ литературэр щыджыным и къалэн нэхъыщхьэу щытын хуейщ: еджак1уэхэм я жьэры1уэтэбзэмрэ тхыбзэмрэ нэхъри егъэф1эк1уэныр, литертурэм и тхыдэмрэ и теориемрэ теухуауэ абыхэм щ1эныгъэ етыныр, морально- эстетическэ нравственнэ, художественно- эстетическэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыныр, абыхэм хуэдэ къабзэу, литературно- художественнэ тхыгъэхэм езыр- езыру къеджэфу ик1и зэпкърахыфу егъэсэныр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри. Е 7-нэ классым адыгэ литературэр щаджкIэ тхыгъэм идейно- художественнэ мыхьэнэр къэхутэн, ар ди нобэрей гъащ1эм къызэрезэгъым гу лъегъэтэн, еджак1уэхэм гъэсэныгъэ тэмэмрэ щ1эныгъэ куурэ егъэгъуэтын хуейщ. Е 7-нэ классым щ1эс еджак1уэхэм литературэм и теорием теухуа 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэмк1э ( темэ, идее, композицэ, сюжет, литературнэ тхыгъэхэм я жанырхэмрэ теплъэгъуэхэмрэ) гуры1уэныгъэ нэсрэ зэхэщ1ык1 пыухык1арэ, еджак1уэхэм ягъуэтын хуейщ: а)бзэм (жьабзэми тхыбзэми) зиужьынымк1э есэныгъэ быдэ, езым я бзэк1э я гупсысэхэр къа1уэтэфын, гуры1уэгъуэу, тыншу, зэк1уу, зы зэк1элъык1уэм тету; б)иджырей адыгэ литературэм и нэхъ тхыгъэ пажэхэр, нэхъ гу зылъытапхъэхэр щ1эн: в)литературнэ тхыгъэхэм я идейно- художественнэ зэхэлъык1эр къагуры1уэу щытын, образхэр яхузэпкърыхын, художественно-изобразительнэ 1эмалхэр къагуры1уэн; Зэреджэ тхылъыр. Т1ымыжь Хь., Балэ Л. Ф.. Адыгэ литературэ 7-нэ классым папщ1э учебник-хрестоматие Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э КъБР-м и министерсвэм къищтащ. Епэ къыдэк1ыгъуэ. Налшык «Эльбрус»2011.
Литературэ. Методическэ лэжьыгъэхэмрэ пособиехэрэ. 1.Багъ Н.А., Ержыб А.Къу. Адыгэ литературэр абланэ классым. Налшык, 1994гъ. 2.Ержыб А.Къ. Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр: дерсхэм къыдэк1уэу къызэджапхъэ тхыгъэхэр. Налшык, 1992 3. Хьэк1уащэ А.Хь. Адыгэ 1уэры1уатэ. Налшык, 1992. 4 .Къэрмокъуэ Хь. Б. «Тхак1уэмрэ зэманымрэ» Налшык, 1976. 5.«Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ» Н. «Эльбрус», 1998гъ. Щауэ Къалидар 6.«Гупсыси псалъэ» Н.»Эльбрус», 2002гъ. Щауэ Къалидар 7.«Псалъэжьыр бзэм и дамэщ» Н.»Нарт», 1991гъ. Щауэ Къалидар 8-нэ класс. Адыгэ литературэ Адыгэ литературэр 8-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. сымэ зэхалъхьа я программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). IуэрыIуатэм хыхьэ Iыхьэр къыхахащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм (Гъут I., ЦIыпIынэ А.А., Тхьэмокъуэ Ж.Хь., Быхъурэ М.М., Табыщ М.А.). Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыхэзыхар, зыубзыху тхыгъэхэр яхуэзытхар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъ.И. 8-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Бищ1о Б.Ч « Адыгэ литературэ 8 класс» учебник-хрестоматие. Налшык. «Эльбрус»2011. Адыгэ литературэмкIэ 8-нэ классым щагъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр ЖьэрыIуатэу: - гъэхуауэ икIи ирижэу макъкIэ къеджэн художественнэ, щIэныгъэ, публицистикэ тхыгъэхэм, гукIэ зэрагъэщIахэри хэту; - художественнэ тхыгъэхэр (дэгъэхуар мащIэу, кIэщIу, хэчыхьауэ) къэIуэтэжын, зэпкърыхыныгъэ гуэрхэр хэлъу. Инсценировкэхэр гъэхьэзырын, художественнэ тхыгъэм ещхь Iуэхугъуэхэу гъащIэм зыщрихьэлIэхэм тепсэлъыхьыжын; - яджа художественнэ тхыгъэм еджакIуэхэр зригъэгупсысахэр жегъэIэжын. Литературэ лIыхъужьым (и закъуэу, зэгъэпщауэ, гуп-гупу) и IуэхущIафэмрэ и хьэл-щэнымрэ гъэбелджылын; - езыр-езыру къызэджа художественнэ тхыгъэм, илъэгъуа сурэтым, фэеплъым, зэплъа спектаклым, кинофильмым, теленэтыным, зэдэIуа радионэтыным, макъамэтхым къызэрыщыхъуар кIэщIу къэIуэтэжын (литературэ лIыхъужьхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ езыхэм хуаIэ щытыкIэр къыхэщу); - еджакIуэр зыплъыхьакIуэ здэщыIа музейм, сурэт гъэлъэгъуапIэм, лэжьапIэ IэнатIэм гукъинэж нэхъ щыхъуауэ щилъэгъуахэм тегъэпсэлъыхьыжын (рассказ теплъэ иIэу щытын хуейщ). Тхыгъэу: - художественнэ тхыгъэ мыинхэр е абыхэм щыщ пычыгъуэхэр къэIуэтэжын (тхыгъэкIэ); - яджа художественнэ тхыгъэм теухуа сочиненэ егъэтхын е тест лэжьыгъэ егъэкIуэкIын; - литературэ лIыхъужьым (и закъуэу, зэгъэпщауэ, гуп-гупу) и хьэл-щэныр, и шыфэлIыфэр убзыхун, художественнэ тхыгъэм план (къызэрыгуэкIыу икIи зэхэлъ) хузэхэлъхьэн; - езыр-езыру къызэджа художественнэ тхыгъэр, зэплъа гъуазджэ лэжьыгъэр, кинофильмыр, спектаклыр, зэдэIуа макъамэр къызэрыщыхъуар, абыхэм зрагъэгупсысар къыщыгъэлъэгъуауэ тхыгъэ кIэщI гъэхьэзырын; - ялъэгъуа, зыхэта Iуэхугъуэхэм (лэжьапIэ IэнатIэм, сурэтгъэлъагъуэм, дунеяплъэм, нэгузегъэужь зэIущIэхэм, зэпеуэхэм) теухуауэ сочиненэ тхын; - щIыпIэм, тхыдэм и фэеплъхэм, хэхауэ ягъэлъапIэ архитектурэ ухуэныгъэхэм, лъэпкъ гъуазджэм, спортым я ехъулIэныгъэ инхэм теухуа гупсысэхэр тхыгъэкIэ къэIуэтэн; - гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, Хэкур, лъахэр фIыуэ лъагъуным щIэблэр хуэзыущий Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ сочиненэ тхын. 8-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: -псалъэр зи лъабжьэ гъуазджэм образыр и нэщэнэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр; -яджа художественнэ тхыгъэхэр, абыхэм я темэ нэхъыщхьэхэмрэ я ухуэкIэ щхьэхуэхэмрэ; -яджа художественнэ тхыгъэхэм я сюжетымрэ абыхэм хэт литературэ лIыхъужьхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр; -художественнэ образым, темэм, гупсысэ нэхъыщхьэм, сюжетым, композицэм, рифмэм, строфам теухуа гурыIуэгъуэхэр, нэгъуэщIхэри; -усэ, прозэ, драмэ тхыгъэ лIэужьыгъуэхэр зэхэзыгъэщхьэхукIыу яхэлъыр; -гукIэ зэрагъэщIэн хуейуэ программэм къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэ щхьэхуэхэмрэ пычыгъэуэхэмрэ. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ: -тхакIуэм и Iуэху еплъыкIэр, и тхыгъэмкIэ къигъэлъэгъуэну, жиIэну зыхуеяр къахутэну; -литературэ тхыгъэм и мыхьэнэр, художественнэ фIагъ иIэр гъэбелджылынымкIэ сюжетымрэ тхыгъэм и гъэпсыкIэмрэ (зытетхыхь Iуэхугъуэм тхакIуэм хуиIэ щытыкIэр, лIыхъужьхэм я теплъэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр, унэлъащIэр, н.къ.) ягъэзащIэ къалэнхэр зэхагъэкIыну; -художественнэ тхыгъэхэм къыщыгъэсэбэпа зэраIуатэ-нэрылъагъу Iэмалхэр тхакIуэм къызэрехъулIар къагъэлъэгъуэну; -литературэм и тхыгъэ лIэужьыгъуэхэр (лирикэ, лиро-эпикэ, прозэ, драмэ) зэхацIыхукIыну; -яджа художественнэ тхыгъэхэр зэрагъэпщэну, къыхэхыпхъэ дерсхэр ягъэбелджылыну; -къуаншэмрэ захуэмрэ, гъащIэм къыщыхъуамрэ къагупсысамрэ зэхагъэкIыну, Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр зэрагъапщэу пэжыр къыхахыну; -художественнэ, публицистикэ тхыгъэхэм гъэхуауэ макъкIэ къеджэну, псалъэ псоми я мыхьэнэр къагурыIуэу; -художественнэ тхыгъэр е абы щыщ пычыгъуэ тхыгъэкIи жьэрыIуатэуи къаIуэтэжыну; -яджа тхыгъэхэм зрагъэгупсысахэр тхыгъэкIи жьэрыIуатэуи къаIуэтэжыну; -литературэ персонажхэм ехьэлIа упщIэхэм псори къызэщIэзыубыдэ жэуап тэмэм иратыну; -художественнэ тхыгъэм е абы и пычыгъуэ гуэрым теухуа план зэхалъхьэну; -езыр-езыру яджа художественнэ тхыгъэм е гъуазджэм и лэжьыгъэ гуэрым еджакIуэхэр зэреплъым теухуауэ пэджэж псалъэ хуагъэхьэзырыну (жьэрыIуатэу е тхыгъэкIэ); -яджа художественнэ тхыгъэм гупу щытепсэлъыхьыжкIэ, нэгъуэщIхэм я Iуэху еплъыкIэр къалъытэну, езыхэм я псалъэри утыку къралъхьэфу, зыжраIэхэм фIэщ щащIыфу щытыну; -еджакIуэхэм папщIэ къыдагъэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, литературэ псалъалъэхэр, псалъэгъэнахуэ, щIэнгъуазэ тхылъхэр, Интернетыр, нэгъуэщIхэри къагъэсэбэпыну. Программэм и зэхэлъык1эр, ар тещ1ыхьащ сыхьэт 35-м.
ГукIэ зэрагъэщIэн папщIэ къыхаха тхыгъэхэр «Л а б э д э с х э м я г ъ ы б з э» (Кавказ зауэм теухуа нэгъуэщI уэрэдкIи зэпхъуэкI хъунущ). Щ о д ж э н ц I ы к I у А.I. «Нанэ» усэр. К I ы щ о к ъ у э А.П. «Хъыбар дахэ зыхуэфащэ» пычыгъуэм и кIэух сатырхэр, «Аргуэру фоч уэ макъ къэIуащ» псалъэухам и деж къыщыщIэдзауэ. К I у а щ Б.И. «ФIымрэ Iеймрэ» усэр. Н э х у щ М.Дж. «Лъэпкъым» усэр. Г ъ у б ж о к ъ у э Л.М. «Адыгэ шы фIэдзапIэ» усэр. К ъ э ж э р П.Хь. «Мыужьыхыж мафIэ» поэмэм щыщ пычыгъуэ, сатыр 30 хуэдиз хъууэ (егъэджакIуэм е еджакIуэм къызэрыхихым елъытауэ). П х ъ э ш М.Н. «Мэкъуауэ лIыжьхэр» усэр. М ы к ъ у э ж ь А.Хь. «Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну» усэр. Классым щаджхэм нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр Адыгэ IуэрыIуатэм щыщу: «Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ», «Батэрэз и пшыналъэ », «Нартыжь уэрэд» хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ. Адыгэ литературэм щыщу: К I ы щ о к ъ у э А. П. «Тисей» поэмэр, «АбытIэ Мухьэб и кхъащхьэм щыжысIар», «Усэ шэрыуэхэр», «СфIэмыфIыр куэдрэ сфIэфI уэ пщIащ…» усэхэр. К ъ а ш ы р г ъ э Хь. Хь. «Лъапсэ быдэ» романыр. Щ о д ж э н ц I ы к I у I. У. «Уи цIэр фIэсщынщ» повестыр; «Урыху щхьэщылыдэ нэху», «Мамырыгъэ пщэдджыжь» усэхэр. К ъ э р м о к ъ у э М. М. «Дыжьын фалъэ» рассказыр. Т х ь э г ъ э з и т З. М. «Къащтэ уи Iэр», «Адэ щIыналъэ», «Си Хэку» усэхэр. А д ж ы к ъ у - Д ж э р и й (М.Ю. Лохвицкий). «Уафэгъуагъуэ макъ» повестыр. Д ы г ъ у ж ь Ф. «ЩоджэнцIыкIу Алий», «Уз» усэхэр. Х ь э I у п щ ы М. ТI. «Хъэджэт и къафэ» новеллэр. Х ь э х С. Хь. «Махуэм дунейр и кIыхьагъщ» повестыр. Ш ы б з ы х ъ у э М. Хь. «Псы щхьэлым», «Джабэху» рассказхэр. К I э щ т М. Хъу. «Уэсят», «Лъэпкъ уэрэд» балладэхэр, «Мамай и Iуащхьэм», «МафIэ мыужьыхыж» усэхэр. С о н э А. Къ. «Шагъдий», «Къреунэху зы махуэ» усэхэр. Б е щ т о к ъ у э Хь. Къ. «Бахъсэн», «Уэсым и гъуэгуанэ», «Си лъахэм» усэхэр. М ы з I.Л. «Щожэх аддэ жыжьэу Урыху» повестыр. Х ь э г ъ у р А. (Ахьмэд Мыдхьэт). «Адыгэ уэркъхэр» драмэр. Д ы г ъ у ж ь Къу. Б. «ГукъэкIыж», «Жыг хэссэнщ», «Кавказ» усэхэр. Х ъ у н э г у Н. «Сыкъэвгъэуш», «Гугъэ», «УмыщIыт уи жагъуэ» усэхэр. М э л б а х ъ у э Е.Т. «Шынагъуэт Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур» романыр. 9-нэ класс. Адыгэ литературэр 9-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. сымэ зэхалъхьа я программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). IуэрыIуатэм хыхьэ Iыхьэр къыхахащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм (Гъут I., ЦIыпIынэ А.А., Тхьэмокъуэ Ж.Хь., Быхъурэ М.М., Табыщ М.А.). Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыхэзыхар, зыубзыху тхыгъэхэр яхуэзытхар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъ.И. 9-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Бищ1о Б.Ч « Адыгэ литературэ 9 класс» хрестоматие. Налшык. «Эльбрус», 2012. Адыгэ литературэр 9-нэ классым егъэджыным кърет сыхьэт 34-рэ. Абы къриубыдэу еджак1уэхэм яджынущ адыгэ литературэр курс зыбжанэу зэпыудауэ: *XIX л1эщ1ыгъуэм псэуа адыгэ щ1эныгъэл1хэмрэ тхак1уэхэмрэ. *Лъэпкъ джэгуак1уэ-усак1уэхэр. *Адыгэ литературэр 30-41 гъэхэм. Еджак1уэхэм нэхъ куууэ яджынущ Агънокъуэ Лашэ, Пащ1э Бэчмырзэ, Хьэхъупащ1э Амырхъан, Щоджэнц1ык1у Алий, К1эрашэ Тембот, Гъуэщокъуэ Хъусин сымэ я тхыгъэхэр. Щ1эуэ программэм къыхыхьауэ яджынущ Цагъуэ Н, Дым 1., Куп Хь.-И., Выкхъэ Ш., Мыжей С. сымэ я тхыгъэхэр. 9-нэ классым щеджэхэм литературэмкIэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр ЖьэрыIуатэу: - художественнэ, публицистикэ тхыгъэхэм гъэхуауэ икIи гупсэхуу къеджэн; - еджакIуэхэм я къэпсэлъэныгъэ: тхакIуэм теухуа псалъэ (и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ), зэджа тхыгъэр щIитхын хуей хъуа щхьэусыгъуэхэр; - еджакIуэхэм зэхалъхьа рассказхэр, очеркхэр, я гъуэгуанэ тхыгъэхэр (лэжьапIэ гуэрым е нэгузегъэужьакIуэ зэрыкIуам, пIалъэкIэ зэрылэжьам, гъавэ Iухыжыным ехьэлIа махуэшхуэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми зэрыхэтам тепсэлъыхьыжын); - къаIуэтэжыну Iуэхугъуэм план хузэхэлъхьэн. Тхыгъэу: - яджа художественнэ тхыгъэм теухуауэ сочиненэ тхын (литературэ лIыхъужьхэм я закъуэ ятеухуауи, ахэр зэрагъапщэуи); - къаIуэтэжынум план хузэхэлъхьэн. Эпикэ тхыгъэм щыщ пычыгъуэр е тхыгъэ мыиныр, къэхутэныгъэ гуэрхэр хэлъу, къэIуэтэжын (изложенэ); - жылагъуэ политикэ икIи литературэ-критикэ тхыгъэхэм я план, тезис, конспект хуэдэхэр зэхэлъхьэн. - езыр-езыру къызэджа тхыгъэм (тхылъым), зэплъа кинофильмым, теленэтыным, спектаклым теухуауэ рецензэ тхын. 9-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: -тхакIуэм (усакIуэм) и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ теухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр; - художественнэ тхыгъэр зытепсэлъыхьыр, зытеухуар; - тхыгъэ яджым къыхэщ зэманым (лIэщIыгъуэм) и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр; - художественнэ тхыгъэ яджым и сюжетыр, и ухуэкIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр, образхэм я ухуэкIэр; - ядж тхыгъэхэм персонажхэм щагъэзащIэ къалэныр; - литературэм художественнэ образым, литературэ сурэтым, типым, романтизмэм, реализмэм теухуа гурыIуэныгъуэхэр; - гукIэ зэрагъэщIэн хуейуэ школ программэм къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ: - тхакIуэм (усакIуэм) къигъэлъагъуэ теплъэгъуэхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ я нэгу къыщIэгъэхьэжыныр; - тхыгъэр щызэпкърахкIэ абы и идейнэ-художественнэ щытыкIэр гъэбелджылыныр; - тхыгъэр зыщыщ литературэ пкъыгъуэр (родыр) къащIэну (эпос, лирикэ, драмэ); - Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къахутэныр; - литературэ тхыгъэм и купщIэр, и мыхьэнэр гъэнэхуэнымкIэ художественнэ Iэмалхэм, сюжетым, тхыгъэм и ухуэкIэ (композицэм), хэт образхэм я къалэныр къэхутэныр; - художественнэ тхыгъэм и къалэн нэхъыщхьэр убзыхунымкIэ литературэ лIыхъужьхэм я мыхьэнэр къэхутэныр; - литературэ лIыхъужьхэмрэ художественнэ тхыгъэхэмрэ теухуауэ яIэ зэхэщIыкIыр тэмэму къыбгурагъэIуэныр; - художественнэ нэгъуэщI тхыгъэхэм гъэхуауэ, ирижэу макъкIэ къеджэныр; - жьэрыIуатэу икIи тхыгъэкIэ къаIуэтэнум и план зэхэлъхьэныр; - литературэ критикэ тхыгъэм и планрэ конспектрэ зэхэлъхьэныр; - къызэджа художественнэ тхыгъэм, зэплъа кинофильмым, теленэтыным, спектаклым теухуа рецензэ хуэтхыныр; - псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэрыгъуазэ лэжьыгъэхэмрэ къагъэсэбэпыныр. Программэм и зэхэлъык1эр: 1.Хэзыгъэгъуазэ -1 XIX л1эщ1ыгъуэм псэуа адыгэ щ1эныгъэл1хэмрэ тхак1уэхэмрэ 2. Нэгумэ Шорэ-1 И гъащ1эр, и творческэ лэжьыгъэр «Идар Темрыкъуэ и хъыбар», «Хъуэхъу» усэр. 3. Къаз-Джэрий Сулът1ан- 1 Къаз-Джэрий Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, «Хьэжыт1эгъуей ауз» 4. Хъан-Джэрий Сулът1ан-1 Хъаз-Джэрий Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, «Шэрджэс хъыбархэр». 5.Хьэт1охъущокъуэ Къазий – 1 Хьэтохъущокъуэ Къазий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, Ц1ыхухэр зэрызэдэпсэун хуейм и уазхэр, . «Хъарзынэ» хъыбарыр. 6. К1ашэ Адэлджэрий-1 К1ашэ Адэлджэрий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, «1уащхьэ щыгум» очеркыр. 7. Цагъуэ Нурий-1 Цагъуэ Нурий и гъащ1эмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ, «Адэмрэ къуэхэмрэ», «Цыжьбанэ л1ыхъужь», «Адыгэ тхылыбзэм и тхыдэ». 8. Дым 1эдэм,Куп Хьэжы смэ я усэхэр – 1 «Псалъэм и фейдэ», «Пц1ым и л1эужьыгъуэ», «Пц1ым и зэран», «Пэжым и ф1агъэ» тхыгъэхэр.Куп Хьэжы – Исмегил- «Адыгэ жьуу». Лъэпкъ джэгуак1уэ-усак1уэхэр. 9.Выкхъэ Шухьиб , Абазэ Къамбот, Мыжей Сэхьид сымэ я усэхэр– 1 «К1эт1рэ»,Абазэ Къамбот - «Дзыгъуэжьищ», Мыжей Сэхьид – «Ди анэ» 10. Сижажэ Къылъшыкъуэ, Агънокъуэ Лашэ сымэ я тхыгъэхэр -1 «Бахъсэныжь», Агънокъуэм и усэхэр. 11. Пащ1э Бэчмырзэ- 1 Пащ1э Бэчмырзэ и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ,и усэхэр. «Псалъэ пэжхэр». Пащ1э Бэчмырзэ и усэхэр(Уэсят, Фызыжь, Гъащ1эм и уасэр зыщ1эр, Уэ щ1ак1уэф1 уимы1эу, Зэманыр псынщ1эу йок1уэк1 12. Хьэхъупащ1э Амырхъан-2 1. Хьэхъупащ1э Амырхъан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, Хьэхъупащ1э А. и усэхэр («Гъэм и зэманхэр», «Щхьэтепхъуэ», «Жэмборэ Щэуал», «Наурыз Мамышэ» , Къардэн Къубатий 2. «Пщэдджыжь уэрэд» рассказыр. Адыгэ литературэр 30-41гъэхэм. 13. Щоджэнц1ык1у Алий – 5 1. Щоджэнц1ык1у А. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, Щоджэнц1ык1ум и усэхэр (Линэ трактористкэ, Сэтэней, Сэтэней хадэ, Пщэдджыжь). 2. «Мадинэ» поэмэр. 3. «Къамботрэ Лацэрэ» романыр 4. Романымрэ поэмэмрэ щыщ пычыгъуэхэр гук1э 14. К1эрашэ Тембот – 1 К1эрашэ Тембот и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, «Шапсыгъ пщащэ»романыр. 15 Теунэ Хьэчим- 2 1. Теунэ Хьэчим и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ,«Аслъэн» повестыр. 2. «Псэм и 1эф1ыр куатмэ» романы 16. Гъуэщокъуэ Хъусин – 2 1. Гъуэщокъуэ Хъусин и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, Гъуощокъуэм и усэхэр (Бжьыхьэ мазэ, Гъатхэр къэсащ, Адэм и ущие) 2. «Адэмрэ къуэмрэ» повестым щыщ пычыгъуэ. 17. Къардэнгъущ1 Зырамыку –1 Къардэнгъущ1 Зырамыку и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр. 18. Литературэм и теорие - 2 1. Литературэм и жанрхэр. Лирическэ, лиро-эпическэ жанр. Ритм, рифмэ, строфа 2. Литературэм и жанрхэр. Эпическэ жанр. Драматическэ жанр. 19. Классщ1ыб лэжьыгъэ-2 1. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэр (Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр) 2. Щоджэнц1ык1у А. и усэхэ 20. Бзэм зегъэужьыныгъэ - 6 1. Пасэ зэманымрэ иджырэ. («Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ» тхыгъэхэм тегъэщ1ауэ)- 2 2. «Ныбжьэгъугъэ» ( Гъуэщоъуэ Хъу. и «Адэмрэ къуэмрэ» повестым тегъэщ1ауэ)-2 3. «Адэм и ущие» усэм тегъэщ1а сочиненэ- 2 21. Къэпщытэжыныгъэ-1 Лирическэ эпическэ тхыгъэ яджахэмк1э тест лэжьыгъэхэр. ГукIэ зэрагъэщIэну къыхаха тхыгъэхэр Н э г у м э Ш.Б. «Хъуэхъу» усэр. К ъ у э д з о к ъ у э Л.М. «Губгъуэ» усэр. П а щ I э Б.М. «Уэсят» усэр. Х ь э х ъ у п а щ I э А.А. «Гъэм и зэманхэр» усэр. Щ о д ж э н ц I ы к I у А.I. «Къамботрэ Лацэрэ» романым и хэзыгъэгъуазэ Iыхьэр. К I э р а ш э Т.М. «Налмэс» повестым щыщ пычыгъуэ, сатыр 30 хуэдиз хъууэ. Щ о м а х у э А.Къ. «Анэм и дыщэ кIанэ» усэр. Г ъ у э щ о к ъу э Хъу.Хь. «Адэм и ущие» усэр. Т е у н э Хь.И. «Псэм и IэфIыр къуатмэ» романым щыщ пычыгъуэ, сатыр 30 хуэдиз хъууэ. Классым щаджхэм нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр А б ы к ъ у Хъ.Ку. «Инжыдж и Iуфэхэм» романыр. П а щ I э Б.М. «Тхыгъэхэр» тхылъыр. Х ь э х ъ у п а щ I э А.А. «Тхыгъэхэр (усыгъэхэр, хъыбархэр)» тхылъыр. Щ о д ж э н ц I ы к I у А.I. «Тхыгъэхэр» тхылъыр. К I э р а ш э Т.М. «Шу закъуэ» романыр. Щ о м а х у э А.Къ. «Нрес фи деж си псалъэр» усэ тхылъыр. Г ъ у э щ о к ъ у э Хъу.Хь. «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» тхылъыр. Н э г у м э Ш.Б. «Адыгэ лъэпкъм и тхыдэ» тхылъыр. Х ь э к I у а щ э А.Хь. «Адыгэ усэ гъэпсыкIэ» щIэныгъэ лэжьыгъэр. Х ь э к I у а щ э А.Хь. «Адыгэ просветительсьвэр ХIХ – ХХ лIэщIыгъуэхэм» тхылъыр. Н а л о З.М. «Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ. Литературэ-критикэ тхыгъэхэр» тхылъыр. «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр» тхылъыр. «Къэбэрдей усэм и антологие. ХХ лIэщIыгъуэ» тхылъыр. 10-нэ класс. Адыгэ литературэ. Адыгэ литературэр 10-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. сымэ зэхалъхьа я программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). 10-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Балэ Л. «Адыгэ литературэ 10-нэ классым папщ1э». Хрестоматие. «Эльбрус» тхылъ тедзап1э. Налшык, 2012. Адыгэ литературэр 10-нэ классым егъэджыным кърет сыхьэт 102-рэ. Абы къриубыдэу еджак1уэхэм яджынущ нэхъ куууэ къэбэрдей-шэрджэс тхак1уэхэм щыщу К1ыщокъуэ А., Шортэн А., К1уащ Б., Нало А., Хьэнфэн А, Щоджэну1ык1у 1., Балъкъэр Ф., Кхъуэхъу Ц., сымэ я творчествэр. 10-нэ классым щеджэхэм литературэмкIэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэхэр ЖьэрыIуатэу: - художественнэ тхыгъэхэм гъэхуауэ, зыхэщIыкIыгъуэу къеджэн; - еджакIуэхэм къаIуэтэжынум и план зэхегъэлъхьэн; - художественнэ тхыгъэ яджам теухуауэ я гупсысэхэр жегъэIэн; Тхыгъэу: - публицистикэ, критикэ тхыгъэхэм теухуа конспект, план, тезис хуэдэхэр зэхэлъхьэн; - публицистикэм и нэщэнэхэр хэлъу сочиненэ тхын; - зы лэжьыгъэм е зыбжанэм ипкъ иткIэ литературэ темэ гуэрым теухуа докладрэ рефератрэ тхын; - езыр-езыру къызэджа тхылъым (тхыгъэм), зэплъа кинофильмым, теленэтыным, спектаклым теухуа рецензэ тхын. 10-нэ классым щеджэхэм яIэн хуей щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ: – адыгэ тxaкIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я гъащIэмрэ я литературэ лэжьыгъэхэмрэ; – художественнэ тхыгъэхэм я текстхэр; – художественнэ тхыгъэ яджым къыхэщ зэманым (лIэщIыгъуэм) и щытыкIэ, и къэхъукъащIэ нэхъыщхьэхэр; – яджа художественнэ тхыгъэхэм я сюжетхэр, я ухуэкIэр, я образхэм я къызэгъэпэщыкIэр, н.; – тхакIуэм и хъэтIыр (стилыр) зыхуэдэр: – литературэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр; – литературэр цIыхубэм пызыщIэ Iуэхугъуэхэр, зы тхакIуэр адрейм ещхь зымыщIу и тхыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр. Драмэр, комедиер, трагедиер, щIагъыбзэр, гротескыр, ауаныр, критикэ реализмэр, н. къ.; - гукIэ зэрагъэщIэн хуейуэ программэм къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэ щхьэхуэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ: – тхакIуэм е усакIуэм къигъэлъэгъуа теплъэгъуэхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ я нэгу къыщIагъэувэжыныр; – тхыгъэр щызэпкърахкIэ, абы и гупсысэ нэхъыщхьэр, художественнэ щытыкIэр къэлъытэныр; – художественнэ тхыгъэр зыщыщ литературнэ лIэужьыгъуэр (родыр) къащIэныр (эпос, лирикэ, драмэ); – тхыгъэм къигъэув къалэн нэхъыщхьэр къэхутэныр; – тхыгъэм зыгъэлъагъуэ-зыIуатэ Iэмалхэр, сюжетым, тхыгъэм и ухуэкIэм, хэт образхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъэбелджылыныр; – тхыгъэм хэт литературэ лIыхъужьыр сыт и лъэныкъуэкIи къэгъэлъэгъуэныр, зы тхыгъэм хэт лIыхъужьхэр е тхыгъэ зыбжанэм хэтхэр зэрагъэпщэныр; – художественнэ тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэмрэ литературэ лIыхъужьхэмрэ авторым хуиIэ щытыкIэр гъэбелджылыныр; – яджа тхыгъэхэм япкъ иткIэ тхакIуэм и зэфIэкIыр, и тхыгъэхэм я фIагъыр абы и зэхэщIыкIым, и гупсысэкIэм, и щIэныгъэм епхауэ зэрыщытыр къагурыIуэныр; – къызэджа тхыгъэм хуаIэ щытыкIэр, ар къазэрыщыхъуар сыт щыгъуи къаIуэтэныр; - художественнэ тхыгъэхэм гъэхуауэ, шэрыуэу къеджэныр; – жьэрыIуатэу икIи тхыгъэкIэ къаIуэтэнум и план зэхэлъхьэныр; – езыхэр мыину, я щытыкIэкIэ, къаIуатэ IуэхугъуэкIэ зэхуэмыдэу, жанр и лъэныкъуэкIэ зэмыщхьхэу сочиненэ зэмылIэужьыгъуэхэр (жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи) зэхэлъхьэныр; – егъэджакIуэм и лекцэм. литературэ икIи публицистикэ тхыгъэхэм теухуа доклад е реферат гъэхьэзырыныр (щIэныгъэ лэжьыгъэ зытIущым япкъ иткIэ); – литературнэ темэм теухуа доклад е реферат гъэхьэзырыныр (щIэныгъэ лэжьыгъэ зытIущым япкъ иткIэ); – езыр-езыру къызэджа художественнэ тхыгъэм, зэплъа кинофильмым, теленэтыным, спектаклым, къинэмыщIхэми теухуа резензэ хутхыныр; – зэрыгъуазэ литературэ замылIэужьыгъуэхэр – псалъалъэхэр, псалъэгъэнахуэхэр, библиографие лэжьыгъэхэр – къэгъэсэбэпыныр. Программэм и зэхэлъык1эр: Хэзыгъэгъуазэ - 1 К1ыщокъуэ Алим (сыхь.11) 1. К1ыщокъуэ А. и гъащ1эр, творческэ лэжьыгъэр. 2. К1ыщокъуэ А. и усэхэм теухуа обзор 3. Хэкум теухуа усэхэр 4. Зауэм теухуа усэхэр 5. Лэжьыгъэм теухуа усэхэр. 6. Усэхэр я жыпхъэк1э зэпкърыхыныгъэ 7. К1ыщокъуэ А. и «Лъапсэ» романыр. 8. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 9. Романым къыхэщ образхэр. 10. Романым и художественнэ гъэпсыкк1эр 11. К1ыщокъуэм и творчествэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр. Шортэн Аскэрбий (сыхь 10) 1. Шортэн А. и гъащ1эмрэ творческэ лэжьыгъэмрэ 2. «Бгырысхэр» романыр. 3. Романыр зэпкърыхыныгъэ 4. Романым къыхэщ образэхэр 5. Романым и художественнэ гъэпсык1эр, бзэр 6. «Мурат» пьесэр. 7. Пьесэр зэпкърыхыныгъэ 8. Пьесэм къыхэщ образхэр. 9. Пьесэм и художественнэ гъэпсык1эр. 10. Шортэным и творчествэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр К1уащ Бет1ал (сыхь.10) 1. К1уащ Б. и гъащ1эмрэ творческэ лэжь. 2. Усэхэмк1э обзор. 3. Хэкур ф1ыуэ лъагъуным къыхуезыджэ усэхэр. 4. Ц1ыхухэм я хьэл-щэнхэр къыщыигъэлъагъуэ усэхэр 5. Усэхэр я жыпхъэк1э зэпкърыхыныгъэ. 6. «Нэху» поэмэр. 7. Поэмэр зэпкърыхыныгъэ. 8. Поэмэм къыхэщ образхэр. 9. Поэмэм и художественнэ гъэпсык1э 10. К1уащым и творчествэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр. Нало Ахьмэдхъан (сыхь. 10) 1. Нало Ахмэдхъан и гъащ1эр, творческэ лэжьыгъэр. 2. «Нэхущ шу» романыр. 3. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 4. Романым къыхэщ образхэр. 5. Романным и художественнэ гъэпсык1эрэ 6. «Псыхьэ нанэ» рассказыр. 7. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. 8. Рассказым и художественнэ гъэпсык1р 9. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. 10. Налом и творчествэмк1э къызэрапщытэ лэжьыгъэхэр Хьэфэн Алим (сыхь.4) 1. Хьэнфэн А. и гъаш1эр, творческэ лэжьыгъэр. 2. Усэхэмк1э обзэр. 3. Усэхэм гук1э, гъэхуауэ къеджэныгъэ. 4. Усэхэр я жыпхъэк1э зэпкърыхыныгъэ Къардэн Бубэ (сыхь.4) 1. Къардэн Бубэ и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. 2. «Сэлэтым и гъуэгуанэ» повестыр. 3. Повестыр зэпкърыхыныгъэ 4. Повестым къыхэщ образхэр, и гъэпсык1эр, бзэр Къашыргъэ Хьэпащ1э (сыхь.5) 1. Къашыргъэ Хь. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. 2. «Насыпым и хэк1ып1э» романыр. 3. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 4. Романым къыхэщ къыхэщ образхэр. 5. Романым и гъэпсык1эр, бзэр Щоджэнц1ык1у 1эдэм (сыхь.8) 1. Щоджэнц1ык1у 1. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. 2. Щоджэнц1ык1ум и усэхэр (гук1э гъеджэныгъэ) 3. Усэхэр я жыпхъэк1э зэпърыхыныгъэ. 4. «Уи ц1эр ф1эсщынщ» повестым щыщ пычыгъуэ. 5. Повестыр зэпкърыхыныгъэ. 6. Повестым къыхэщ образхэр. 7. Повестым и гъэпсык1эр, бзэр 8. Щоджэнц1ык1ум и творчествэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр К1эрэф Мухьэмэд (сыхь. 5) 1. К1эрэф М. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. 2. «Адэ щ1эин мылъку хъурэ?» повестыр. 3. Повестыр зэпкърыхыныгъэ. 4. Повестым къыхэщ образхэр. 5. Повестым и гъэпсык1эр, бзэр. Тыуаршы АслъэнК1эрэф Мухьэмэд (сыхь. 4) 1. Тауаршы А. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. 2. «Нобэ е зэи» романым щыщ пычыгъуэхэр 3. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 4. Романым къыхэщ образхэр, и гъэпсык1эр, бзэр. Балъкъэр Фоусэт (сыхь. 1) 1. Балъкъэр Ф. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. Кхъужьйхэр, Гъатхэ жэщхэм умыжей усэхэр Кхъуэхъу Цуцэ (сыхь. 8) 1. Кхъуэхъу Цуцэ. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ. «Уасэ» рассказыр 2. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ. 3. Рассказым къыхэщ образхэр. 4. «К1асэу щ1егъужащ» повестым щыщ пычыгъуэ. 5. Повестыр зэпкърыхыныгъэ. 6. Повестым къыхэщ образэхэр. 7. Поестым и гъэпсык1эр, бзэр 8. Кхъуэхъум и творчествэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр Хьэхъупащ1э Хь. (сыхь.4 ) 1. Хьэхъупащ1э Хь. и гъащ1эмрэ и творческэ и лэжьыгъэмрэ «Гур зыщ1эхъуэпсыр» повестым щыщ пычыгъуэ. 2. Повестыр зэпкърыхыныгъэ. 3. Повестым къыхэщ образэхэр. 4. Повестым и гъэпсык1эр, бзэр Бзэм зегъэужьынымк1э (сыхь. 8) 1. К1ыщокъуэ А. зауэм теухуа итха усэхэр-2. 2. Сочиненэ «Сф1эф1къым, хуейми ирепсэу» е «Сыт сызыщышынэр» темэхэмк1э, К1уащ Б. и усэхэм епхауэ -2. 3. Сочиненэ «Сэ сыадыгэщ» темэмк1э, литературнэ произведенэм епхауэ.-2. 4. Сочиненэ «Уи анэ дахэу епсалъэ, уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ», К1эрэф М. и пов-к1э сочиненэ -2. Классш1ыб еджэныгъэмк1э (сыхь.4) 1. Кыщокъуэ А. и «Лъапсэ» романыр. 2. Езыхэр зэрыхуейуэ къыхаха тхыгъэхэр. 3. Шэджыхьэщ1э Хь. и тхыгъэхэр. 4. «1уащхьэмахуэ» журналым еджэныгъэм. Тхыгъэ-лэжьыгъэ, къэпщытэжыныгъэхэмк1э (сыхь.2) 1. Усэ яджахэмк1э яджахэмк1э тест лэжьыгъэхэр 2. Эпическэ, драматическэ тхыгъэ яджахэмк1э тест лэжьыгъэхэр Литературэм и теорие-(4) 1. Адыгэ усэ гъэпсык1эр. 2. Ритм, рифмэ, строфа 3. Литературэм и жанрхэр. 4. Стилым, риторикэм теухуауэ. ГукIэ зэрагъэщIэн папщIэ къыхэха тхыгъэхэр 1. К I ы щ о к ъ у э А.П. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу», «Сэлэт шырыкъу» усэхэр. 2. К ъ а ш ы р г ъ э Хь.Хь. «Насыпым и хэкIыпIэ» (романым щыщ пычыгъуэ, егъэджакIуэм и еджакIуэм къызэрыхихымкIэ, сатыр 40 хуэдиз хъууэ). 3. Ш о р т э н А.ТI. «Бгырысхэр» (пычыгъуэ, егъэджакIуэм къызэрыхихкIэ, сатыр 40 хуэдиз хъууэ). 4. К I у а щ Б.И. «Сыт сызыщышынэр?» усэр, «Нэху» поэмэм щыщ пычыгъуэ (егъэджакIуэм къызэрыхихымкIэ, сатыр 30 хуэдиз хъууэ). 5. Щ о д ж э н ц I ы к I у I.У. «ГуащIэм и мафIэ» (усэм и япэ едзыгъуитхур). 6. Х ь э н ф эн А. М. «Адыгэ нэмыс» усэр. 7. К х ъ у э х ъ у Ц.М. «КIасэу щIегъуэжащ» рассказым щыщ пычыгъуэ. 8. Б а л ъ к ъ э р Ф. Гъу. «Гъатхэ жэщхэм умыжей» усэр е адрей усэхэм ящыщу еджакIуэм къыхихыр. Классым щаджым нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр 1. К I ы щ о к ъ у э А. П. «Тхыгъэхэр» томиплIым щызэхуэхьэсауэ. 2. К ъ а ш ы р гъ э Хь.Хь. «Лъапсэ быдэ», «ГъащIэр матэщIэдзакъым» романхэр, «ГъащIэ лъэужь» повестыр. 3. Ш о р т э н А.ТI. «Тхыгъэ къыхэхахэр», «Къэзанокъуэ Жэбагъы» тхылъхэр. 4. Щ о д ж э н ц I ы к I у I.У. «Тхыгъэхэр» томитIу. 5. А к ъ с ы р э З. А. «Пьесэхэр» тхылъыр. 6. Х ь э нф э н А. М. «ГъащIэм и пшыналъэ» сборникыр. 7. Кхъуэхъу Ц.М. «Анэм и пэш» романыр. 8. Н а л о А.Хь. «Урыху акъужь», «Бжьэр къэпщIащ», «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» тхылъхэр. 9. Х ь э х ъ у п а щ I э Хь.Хь. «Тхыгъэ къыхэхахэр» тхылъитIу. 10. Т ы у а р ш ы А.У. «Дыщэ бгырыпх» тхылъыр. 11. Б а л ъ к ъ э р Ф.Гъу. «Нэхущ» усэ тхылъыр. 11-нэ класс Адыгэ литературэ Адыгэ литературэр 11-нэ классым зэрыщегъэджыным и программэр зэхэлъхьащ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гупым, ХьэкIуащэ А.Хь. (гупым и унафэщIщ), Абазэ А.Ч., БакIуу Хъ.И., Гъут I.М., Ержыб А.Къу., ТIымыжь Хь.Т. сымэ зэхалъхьа я программэм ипкъ итк1э. Программэр зыгъэхьэзырахэр зэгъусэу елэжьащ лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымрэ ахэр класскIэрэ тегуэшэнымрэ (сабийхэм я ныбжьым елъытауэ). 11-нэ классым и курсыр зэраджыну тхылъыр: Балэ Л., Т1ымыжь Хь. «Адыгэ литературэ 11-нэ классым папщ1э». Хрестоматие. «Эльбрус» тхылъ тедзап1э. Налшык, 2013. Адыгэ литературэр 11-нэ классым егъэджыным кърет сыхьэт 34-рэ. Абы къриубыдэу еджак1уэхэм яджынур цикл зыбжанэу зэпыудауэ щытщ. Япэ 1ыхьэм къызэщ1еубыдэ иджырей адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литертурэр. Абы хохьэ Нало Заур, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Тхьэгъэзит Зубер, Маф1эдз Сэрэбий, Къагъырмэс Борис, Къэжэр Петр, Елгъэр Кашиф, Журт Биберд, Хьэх Сэфарбий, 1ут1ыж Борис, Мэзыхьэ Борис, Дыгъужь Къурмэн, Бештокъуэ Хьэбас, Дэбагъуэ Мухьэмэд Бицу Анатолэ, Бемырзэ Мухьэдин, Ацкъан Руслъан, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ я тхыгъэхэр. Ет1уанэ 1ыхьэм къызэщ1еубыдэ хэхэс адыгэ тхак1уэхэу Хьэгъур Ахьмэд, Кубэ Шэбэн, Хъуэст Надя, Натхъуэ Къадыр, Уэтэр Сэмий, Инэмыкъуэ Мулид, Багъ Яшар сымэ я тхыгъэхэр. ll-нэ классым литературэмкIэ щагъэзэщIэн хуей тхыгъэ, жьэрыIуатэ лэжьыгъэхэр · Художественнэ тхыгъэхэм гъэхуауэ ик1и зыхэщ1эгъуэу къеджэн. · Еджак1уэм жьэры1уатэу е тхыгъэкlэ къиlуэтэнум и план зэхэлъхьэн. · Художественнэ тхыгъэ яджыым теухуауэ тхыгъэуи жьэры1уатэун проблемнэ мыхьэнэ и1эу сочиненэ-рассужденэ къызэгъэпэщын. Публицистическэ щытыкlэ зи1э сочиненэ-рассужденэ жьэрыlуатэуи тхыгъэк1и къызэгъэпэщын. · Очерк, публицистическэ, литературно-критнческэ тхыгъэхэр (статьяхэр) егъэтхын. · Зы лэжьыгъэ щхьэхуэм е лэжьыгъэ зыбжанэм япкъ итк1э литературнэ темэ гуэрым теухуа доклад, реферат егъэтхын. · Езыр-езыру къызэджа тхылъым е тхыгъэм, зэплъа кинофильмым, телевизионнэ къэтыныгъэм, спектаклым, сурэтым, музыкальнэ пронзведенэм теухуа рецензэ егъэтхын. Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ын хуейщ: · тхакIуэм е усакIуэм и тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа теплъэгъуэхэр, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр я нэгу къыщlагъэувэжыныр; · литературнэ тхыгъэ,м и идейно-художественнэ щытыкlэр къэхутэнымкlэ (къэгъэлъэгъуэнымкlэ) изобразительно-выразителыIэ Iэмалхэмрэ сюжетым, тхыгъэм и ухуэкIэм, хэт образхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъэбелджылыныр; · художественнэ тхыгъэр зыщыщ ЛlIтературэ лlэужьыгъуэр къахутэныр (эпос, лирикэ, драмэ); · тхыгъэм и къалэн нэхъыщхьэр гъэбелджылыныр; · изобразительно-выразителыIэ Iэмалхэм, сюжетым, тхыгъэм · и ухуэкIэм, абы хэт образхэм ягъэзащlэ идейно-художественнэ къалэныр гъэбелджылыныр; · художественнэ тхыгъэм хэт литературнэ лlыхъужьыр сыт и лъэныкъуэкlи къэгъэлъэгъуэныр икlи зы тхыгъэм хэт персонажыр е тхыгъэ зыбжанэм хэтхэр зэгъэпщэныр; · усэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр (абы и раЗмерыр, рифмэр, строфар, н.) къэхутэфыныр; · тхыгъэ къызэджам хуаlэ щытыкlэр, ар къазэрыщыхъуар къемыхьэлъэкlыу сыт щыгъуи къаlуэтэныр; · художественнэ тхыгъэхэм гъэхуауэ, шэрыуэу къеджэныр; · жьэрыlуатэу икlи тхыгъэкlи кьаlуэтэнум и план зэхэлъхьэныр; · тхыгъэ яджым ипкъ иткlэ сочиненэ-рассужденэ проблемнэ щытыкlэ иlэу тхыныр; · литературнэ икlи публицистическэ темэхэм теухуа сочиненэрассужденэ къызэгъэпэщыныр; · литературнэ темэ гуэрым теухуа доклад е реферат гъэхьэзырыныр; · езыр-езыру къызэджа тхылъым е тхыгъэм, зэплъа кинофильмым, телевизионнэ къэтыныгъэм, спектаклым, сурэтым, музыкальнэ произведенэм теухуа рецензэ тхыныр. Программэм и зэхэлъык1эр: 1. Нало заур-2 1. Нало Заур и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.Налом и усэхэр. 2. Налом и новеллэхэр. 2. Къэрмокъуэ Мухьэмэд -2 1. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Къоджэм уигъэжейркъым» романым щыщ пычыгъуэхэр. 2. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 3.Тхьэгъэзит Зубер-1 Тхьэгъэзит Зубер и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, и усэхэр. 4. Маф1эдз Сэрэбий- 2 1. Маф1эдз Сэрэбий и и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Мыщэ лъэбжьанэ» романыр. 2. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 5. Къагъырмэс Борис -2 1. «Къурш ажэм и л1эк1эр», «Щ1ымы1эж мэз» балладэхэмрэ «Лъагъуныгъэм и къарур» хъыбарымрэ. 2.Тхыгъэхэр зэпкърыхыныгъэ. 6. Къэжэр Петр.-1 Къэжэр Петр и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 1. Елгъэр Кашиф -2 1. Елгъэр Кашиф и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Щыуагъэ» романыр 2. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 2. Журт Биберд- 3 1. Журт Биберд и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Мэрэмэжьей» рассказыр. 2. «Унагъуэ» романыр. 3. Романыр зэпкърыхыныгъэ. 3. Хьэх Сэфарбий-1 Хьэх Сэфарбий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Ирассказхэр. (Шамсир, пшапэ бзыгъэ,) 10. 1ут1ыж Борис -1 1ут1ыж Борис и и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. И усэхэр. 11.Мэзыхьэ Борис - 1 Мэзыхьэ Б. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Бжьыхьэр пщащэ пылъэлъыжыгъуэщ» повестыр. 12.Дыгъужь Къурмэн - 1 Дыгъужь Къу. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 13.Бещтокъуэ Хьэбас - 1 Бещтокъуэ Хь. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 14. Дэбагъуэ Мухьэмэд-1 Дэбагъуэ М. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Анэр нэм хуэдэщ» драмэр. 15. Бицу Анатолэ - 1 Бицу А. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 16.Бемырзэ Мухьэдин.-1 Бемырзэ М. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 17.Мыкъуэжь Анатолэ-1 Мыкъуэжь А. и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр. 18.Ацкъан Руслъан -1 Ацкъан Руслъан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэхэр 19.Хэхэс адыгэ тхак1уэхэм я тхыгъэхэр-2 1. Хьэгъур А., Кубэ Ш., Хъуэст Н., Инэмыкъуэ М., сымэ я тхыгъэхэр. 2. Натхъуэ Къ, Уэтэр С., Багъ Я. сымэ я тхыгъэхэр. 20. Литературэм и теорие-1 Литературэм и жанрхэм яку дэлъ зэщхьэщык1ыныгъэр 21. Классщ1ыб лжьыгъэу – 2 22. Бзэм зезыгъэужь сочиненэу -2 (4) ГукIэ зэрагъэщIэн папщIэ къыхаха тхыгъэхэр 4. Н а л о З.М. «Ягуэшкъым тхыдэр дэлэн Iыхьэу» усэр. 5. Т х ь э г ъэ з и т З.М. «Лъахэ уэрэд» (нэгъуэщIкIи зэпхъуэкI хъунущ) усэр. 6. Н э х у щ М.Дж. «ПфIэкIуэд мыхъунур» (нэгъуэщIкIи зэпхъуэкI хъунущ) усэр. 7. I у т I ы ж Б.Къу. «Тыргъэтауэ» трагедием щыщ пычыгъуэ (егъэджакIуэм къызэрыхихым елъытауэ, ауэ сатыр 40 нэхърэ мынэхъ мащIэу). 8. Б еш т о к ъ у э Хь.Къ. «Къэбэрдей» усэр. 9. Б е м ы р з э М.Хь. «Адыгэбзэ» усэр. 10. Б и ц у А.М. «ЩIичащ фоч кIакхъур» (нэгъуэщIкIи зэпхъуэкI хъунущ) усэр. 11. М э з ы х ь э Б.Б. «Бжьыхьэр пщIащэ пыщэщыжыгъуэщ» повестым щыщ пычыгъуэ, егъэджакIуэм къызэрыхихым елъытауэ. Классым щаджхэм нэмыщI яджыпхъэ тхыгъэхэр 12. Н а л о З.М. «Урыху Iубыгъуэ» усэ тхылъыр. 13. I у т I ы ж Б.Къу. «Нартхэ я дыгъэ», «Кхъужьеибэ» пьесэхэр. 14. Т ы у а р ш ы А.У. «Псыкъелъэм и макъамэхэр» романыр. 15. А б ы т I э В. «ЩIакIуэр зи унэ» романыр. 16. Ш и н к у б э Б. «ЖылакIэ» романыр. 17. М э л б а х ъ у э Е.Т. «Шынагъуэт Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур», «ЩомыгъэтIылъам щылъыхъуэ» романхэр. 18. С о н э А.Къ. «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ» усэ тхылъыр. 19. К ъ э ж э р Хь.Хь. «Усыгъэхэр» усэ тхылъыр. 20. М ы к ъ у э ж ь А.Хь. «Лъэхъэнэ» усэ тхылъыр. Литературэм и теорием ехьэлIауэ еджапIэр къэзыухым ищIапхъэхэр -Художественнэ литературэр псалъэр зи лъабжьэ гъуазджэм и лIэужьыгъуэу зэрыщытыр. -Художественнэ образыр. Зэманымрэ гъащIэмрэ. -КупщIэмрэ теплъэмрэ. Поэтикэр. -ТхакIуэм и гупсысэмрэ ар къызэригъэлъагъуэ щIыкIэмрэ. Езым къигупсысауэ, щымыIауэ Iуэхум къыхишэхэр. Фантастикэр. -Тхыдэ-литературэ гъуэгуанэр. Литературэ унэтIыныгъэхэмрэ гуэж зэмылIэужьыгъуэхэмрэ: классицизм, сентиментализм, романтизм, реализм, символизм, акмеизм, н. Лъэпкъ тхакIуэшхуэхэм я гъащIэмрэ я литературэ лэжьыгъэхэмрэ. Литературэм и пкъыгъуэхэр: эпос, лирикэ, драмэ. Литературэм и жанрхэр: роман-эпопее, роман, повесть, рассказ, очерк, притчэ; поэмэ, балладэ, уэрэд; лирикэ усэ, элегие, эпиграммэ, одэ, сонет; комедие, трагедие, драмэ. -ТхакIуэм и Iуэху еплъыкIэр. Пафос. Темэ. Идее. Iуэхугъуэ къиIэтхэр. Сюжет. Фабулэ. Композицэ. Тхыгъэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр зэрызэкIэлъыхьар: экспозицэ, ублапIэ, кульминацэ, ухыпIэ, эпилог. Лирикэ къыпыкIуэтыныгъэ. Конфликт. ТхакIуэ-къэIуэтакIуэ. ТхакIуэм и образыр. Персонаж. Хьэл-щэныр. ЛIэужьыгъуэр. Лирикэ лIыхъужьыр. Образхэм я гъэпсыкIэр. -ЛIыхъужьым и бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр: диалог, монолог, и щхьэм хужыIэжыныгъэ. КъэIуэтэжыкIэр. -Пкъыгъуэ. Дамыгъэ. ЩIагъыбзэ. -Психологизмыр. ЦIыхубэм еиныгъэ. Тхыдэр. -Сатирэ, гушыIэ, ауан, щIэнакIэныгъэ. Гротеск. -Художественнэ тхыгъэм и бзэр. Художественнэ тхыгъэм къызэриIуатэ-зэригъэлъагъуэ Iэмалхэр: зэгъэпщэныгъэ, эпитет, метафорэ, метонимие. Макъытхыр: аллитерацэ, ассонанс. -Гиперболэ. Аллегорие. -ХъэтI (стиль). -Прозэмрэ поэзиемрэ. Усэ гъэпсыкIэр. Усэ тхыкIэ щапхъэхэр: хорей, ямб, дактиль, амфибрахий, анапест. Дольник. Акцент усэ. Усэ хужь. Верлибр. Ритм. Рифмэ. Строфа. -Литературэ критикэ. Адыгэ литературэр джын зыухам и къалэнщ ищIэну/къыгурыIуэну: -псалъэр зи лъабжьэ гъуазджэм образыр и щэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр; -иджа тхыгъэр зытеухуар, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэр; -лъэпкъ тхакIуэ пажэхэм я гъащIэмрэ я литературэ лэжьыгъэхэмрэ; -лъэпкъ литературэм и тхыдэ гъуэгуанэр, литературэ унэтIыныгъэхэр зэщхьэщызыгъэкI щэнхэр; хузэфIэкIыу щытыну: -литературэ тхыгъэр зытеухуар гъэхуауэ къэIуэтэжыныр; -художественнэ тхыгъэр анализ щIыныр, тхыдэмрэ литературэм и теориемрэ и тегъэщIапIэу (тематикэр, тхакIуэм къиIэт Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр, тхыгъэм къыхэхыпхъэ ущииныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэр, образхэм я гъэпсыкIэр, композицэм, бзэм, художественнэ Iэмалхэм я къэгъэсэбэпыкIэр) художественнэ тхыгъэм и купщIэр, и мыхьэнэр къызэIухыныр; зэджа тхыгъэм щыщ пычыгъуэ гуэр къищтэу зэпкърыхыныр, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм ар зэрыпыщIар гъэнэIуэныр; -художественнэ литературэр жылагъуэ гъащIэм егъэпщэныр, щэнхабзэм дежкIэ абы и мыхьэнэр гъэбелджылыныр; зэджа художественнэ тхыгъэм хэхауэ тхыдэ Iуэхугъуэ гуэрым е цIыху псоми я зэхуэдэу хэлъыр къыхэгъэщыныр; лъэпкъ литературэм и темэ нэхъыщхьэхэмрэ «гъуэщауэ» абы къыхэхуахэмрэ зэхэгъэщхьэхукIыныр; тхыгъэр дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм щэнхабзэм щытепщэу щыта унэтIыныгъэ нэхъыщхьэм ар зэрыхущытыр; -тхыгъэр зыхыхьэ литературэ пкъыгъуэр, жанрыр зэхэгъэкIыныр; -литературэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэгъэпщэныр; -тхакIуэм и Iуэху еплъыкIэр къыхэгъэбелджылыкIыныр; -гъэхуауэ, бзэм и хабзэхэм тету тхыгъэм къеджэныр; -зэджа тхыгъэм зригъэгупсысахэм, абы къыщыIэта Iуэхугъуэхэм зэхэщIыкIыгъуэу тепсэлъыхьыжыныр; -зэджа тхыгъэм рецензэ иритыну, сочиненэ итхыну. Зригъэгъуэта щIэныгъэр къыщигъэсэбэпыфу щытыпхъэщ: -Iуэхугъуэ гуэрым щытепсэлъыхькIэ е тхыгъэ щигъэхьэзыркIэ; -зэпсэлъэныгъэхэр щригъэкIуэкIкIэ е Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэ гуэрхэр щызэригъапщэкIэ; -щэнхабзэм щIэуэ къыхыхьахэм щыгъуазэ защыхуищIкIэ, абыхэм яIэ эстетикэ мыхьэнэр щигъэбелджылыкIэ; -нэхъ дэзыхьэх литературэ унэтIыныгъэхэр щиубзыхукIэ, абы хыхьэ художественнэ тхыгъэхэр къыщыхихкIэ; -лъэпкъ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу нэхъ игу ирихьахэр къыщыхихкIэ, ахэр нэгъуэщI лъэпкъ литературэхэм, щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэ щхьэпэхэм щаригъапщэкIэ.
|
|
(C) МКОУ СОШ №2
с. п. Чегем Второй |