Главная

Наша школа

Структура школы

Режим работы

Администрация

Коллектив школы

Нормативные документы

КПМО

ФГОС

Материально-техническое обеспечение

Бюджетная смета

Самообследование школы

Правила приема

Численность обучающихся

Вакансии

Уровни образования

Языки обучения

Учебный план

Календарный учебный график

Государственный образовательный стандарт

Образовательная программа

 Учебно-методический комплект

Аннотации к рабочим программам

Методические разработки

Электронные образовательные ресурсы

Наши достижения

Дополнительное образование

Воспитательная работа

Родителям

Ученикам

Дошкольное отделение

Новости школы

Новости района

Трудоустройство выпускников

ГЛАВНАЯ

ДОКУМЕНТЫ

НОВОСТИ

ГАЛЕРЕЯ

ДОБРО ПОЖАЛОВАТЬ НА ОФИЦИАЛЬНЫЙ САЙТ ВТОРОЧЕГЕМСКОЙ СРЕДНЕЙ ШКОЛЫ №2

Аннотации к рабочим программам

          Аннотация  к рабочей программе по кабардинскому языку

5-нэ класс

Адыгэбзэ

Адыгэбзэмк1э  5-нэ классым папщ1э программэр къытещ1ык1ащ Джаурджий Хь., Эржыб А. сымэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1эрэ 5-11 классхэм  папщ1э программэ  къыдагъэк1ам. (Налшык, Эльбрус, 2004).Программэр тещ1ыхьауэ щытщ сыхьэт 102-м.

Зэреджэну тхылъыр: Джаурджий Хь. «Адыгэбзэ 5 класс». Налшык, Эльбрус 2010.

 Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ.

                                                Е д ж а к 1 у э х э м   ящ1 э н   х у е й щ:

Сuнтаксuсымрэ пунктуацэмк1 э:

псалъэ зэпхар, абы щыщу нэхъыщхьэмрэ кIэрыдзэнымрэ;

къэIуэтэныгъэм и мурад елъытакlэ къызэрыкlуэ псалъэуха,лIэужьыгъуэхэр;

пунктограммэр;

псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етlуанэхэмрэ;

псалъэуха мыубгъуа, убгъуа;

пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэр;

союз зиlэ псалъэуха зэхэлъхэр; .

псалъэ занщIэмрэ псалъэ зэдзэкlамрэ;

фонетuкэмрэ графuкэмрэк1 э.

Орфографuемк1 э:

бзэм и макъхэмрэ ахэр къызэрыгъэлъэгъуа хьэрфхэмрэ;

макъзешэхэмрэ макъ дэкlуашэхэмрэ я щытыкlэ нэхъыщхьэ­хэр;

зэбгъэдэт макъ дэкlуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ я къэ­кIуэкlэр;

макъзешэ э къигъэлъагъуэу хьэрф а щатхыр;

лексuкэмк1э:

мыхьэнэ куэд зиlэ псалъэхэр, псалъэм и мыхьэнэр зэдзэкlауэ­къызэрагъэсэбэпыр;

омонимхэр, синонимхэр, антонимхэр;

nсалъэ къэхъук!эмрэ орфографuемк!э:

псалъэм зэрызихъуэж, псалъэщlэ къызэрыхъу щIыкlэхэр; псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр: лъабжьэ, псалъэпкъ, кlэух, пре­фикс, суффикс;

префикс 3Ы-, 33- щатхыр.

морфологuемрэ орфографuемк! э:

зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр;

щыlэцIэм и мыхьэнэмрэ Н морфологнческэ щытыкIэхэмрэ; щыlэцlэ унейхэмрэ зэдайхэмрэ;

щыlэцIэхэм я склоненэр;

щыlэцlэ къызэрыхъу щIыкlэр;

щыlэцIэхэм я тхыкlэр;

плъыфэцIэм и мыхьэнэмрэ  морфологнческэ щытыкIэхэмрэ;

плъыфэцlэхэр щыlэцIэхэм я гъусэу къыщыкlуэм зэхъуэкlа зэрыхъу щIыкlэр (падеж кIэухымрэ куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ суффиксымрэ зэрыпыувэр) ;

щытыкlэ къызэрыкI плъыфэцIэхэмрэ зыщыщыр къэзыгъэлъагыухэмрэ;

плъыфэцlэ къызэрыхъу щIыкlэр;

плъыфэцIэхэм я тхыкlэр;

глаголым и мыхьэнэмрэ и морфологическэ щытыкIэхэмрэ;

глаголым н зэманхэр;

глаголым щхьэрэ бжыгъэкIэ зэрызнхъуэжыр.

                                                                 Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ын хуейщ:

Синтаксисымрэ пунктуацэирэк1 э:

яджа псалъэуха лIэужьыгъуэхэм хуэдэ къызэрыкIуэун зэхэлъ­ун зэхэлъхьэн, ахэр тхыгъэм щызэхацIыхукIыфын;

псалъэухам н пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етlуанэхэмрэ тхыгъэм щызэхэгъэкI ын;

псалъэуха къызэрыкlуэхэм я кIэм, зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэ­хэм Я кум нагъыщэхэр тэмэму ЩЫГЪ':jувын;

псалъэ зэлъэпкъэгъухэр нагъыщэкIн къэпсэлъыкIэкIн зэкlэ­лъыхьын;

псалъэ занщIэм нагъыщэхэр щыгъэувыl;; сннтаксическэ зэпкърыхыныгъэ щIын,

фонетикэмрэ графикэмк1э, орфографиемк1э:

тхыгъэм бзэм  и макъхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар зэхэгъэкIын (зы макъ, макъитI къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр);

 макъзешэ э къапсэлъу хьэрф а щатхыр, орфографиемкlэ зэгъэ­.эн;

зэзыпx Ы-Р тхын, ар зыхэтым къеджэн;

псалъэр фонетическэ зэпкърыхыныгъэ щIын;

псалъалъэхэр (орфографиемкlэ псалъалъэхэри) къэгъэсэбэпын

лексuкэмк1э;

 псалъэхэм къаlуатэ мыхьэнэр убзыхун

зыубзыху псалъалъэр къэгъэсэбэпын.

къаlуатэ  мыхьэнэ елъытауэ псалъэхэр зэхэгъэк1ын (омонимхэр, синонимхэр, антонимхэр

 псалъэ къэхъу1кэмрэ  орфографuемк1э;

псалъэ зэхъуэкlа щыхъумрэ псалъэщlэ къызэрыхъумрэ зэхэгъэ­н;

псалъэр зэрызэхэт мыхьэнэ зи1э 1ыхьэхэм хузэпкърыхын;

префиксхэмрэ суффиксхэмрэ зэм псалъэр зэхъуэкlа зэрыхъу 1ыхьэу къыщык1эмрэ  зэми псалъэщlэ къызэрыхъу щlblкlэу къыщык1уэмрэ зэхэгъэк1ын; .

псалъэпкъым  хыхьэ  аффиксхэмрэ хэмыхьэхэмрэ зэхэгъэкIын;

префикс ЗЫ-, ЗЭ- щатхыр;

морфологuемрэ  орфографuемрэ;

щыlэцIэмрэ ар зыlгъэбелджылы псалъэмрэ падежрэ бжыгъэкlэ  щызэк1ур  тхыгъэм щыlзэхэгъэкlын;

склоненэ щ1ык1ит1ыр тыншу къэгъэсэбэпын;

плъыфэцIэхэм я зэгъэпщэныгъэ степенхэр къэгъэлъэгъуэн;

зэпээщlэуэ мыхьэнэ зиlэ плъыфэцlэхэр псалъэухам хэту къэ-

зы зэманым ит глаголыр нэгъуэщI зэманым  игъэувэн;

зи шхьэ хущыт  псалъэ лъэпкъыгъуэхэм ­суффикс, префикс зэмылIэужьыгъуэхэр къагъагъэсэбэпурэ и мыхьэнэм  зрагъэхъуэжын, псалъэщlэ къытегъэхъук1ын;

опредеительнэ псалъэ зэпыщ1ахэм я тхык1эр щыуагъэншэу къэгъэсэбэпын (зэпыту, зэпыхауэ, екъуа дэту)

бзэм зегъэужьынымк1э:

хьэпшып, псэущхьэ гуэрым тетхыхьын;

тхыгъэ гуэрым къыщы1уэтар тхыгъэк1э къэ1уэтэжын, псэущхьэ щхьэхуэхэм тетхыхьын, сочиненэ тхын;

гъащ1эм къыщыхъуа, сурэтым тещ1ыхьа рассказ к1эщ1 зэхэлъхьэн;

зыгуэрым тетхыхьу тхыгъэ зэхэлъхьэн, лексическэ синнимхэр къэгъэсэбэпын

Программэм и зэхэлъык1эр:

БзэмкIэ гурыIуэныгъэ. Жьабзэмрэ тхыбзэмрэ-1

Къэпщытэжыныгъэ  - 4

Щы1эц1эмрэ плъыфэц1эмрэ теухуа къэпщытэжыныгъэ.

Глаголым теухуа къэпщытэжыыныгъэ.

Псалъэ къэхъук1эм теухуа къэпщыэтэжыныгъэ.

Орфографиемк1э, пунктуацэмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Синтаксисымрэ пунктуацэмкIэ-15

псалъэ зэпхар, абы щыщу нэхъыщхьэмрэ кIэрыдзэнымрэ;

къэIуэтэныгъэм и мурад елъытакIэ къызэрыкIуэ псалъэуха лIэужьыгъуэхэр;

пунктограммэр;

псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр. Псалъэуха убгъуа, мыубгъуа

 Пкъыгъуэ  етIуанэхэмрэ, дополненэ

Определенэ

Обстоятельствэ

Обстоятельствэр езыгъэбыдыл1э

 Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэр

Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъхэр зэрызэрапх союз-суффиусхэмрэ союз псалъэхэмрэ

Нагъыщэхэм я гъэувык1эр

Зэрызыхуагъазэ псалъэ.

Псалъэуха къызэрык1уэмрэ зэхэлъымрэ

псалъэ занщ1э

диалог

 Яджамк1э къэпщытэжыныгъэ.

Фонетикэмрэ графикэмрэкIэ-9

бзэм и макъхэр. Макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ я щытыкIэ нэхъыщхьэхэр;

Макъ дэк1уашэ  п1ыт1ахэр.

Макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ.

Зэбгъэдэт макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъымрэ дэгумрэ  я къэк1уэк1эр

Пычыгъуэ

Ударенэ

Алфавит

Фонетикэмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Фонетическэ зэпкърыхыныгъэ

ЛексикэмкIэ -5

Мыхьэнэ куэд зиIэ псалъэхэр, псалъэм и мыхьэнэр зэдзэкIауэ къызэрагъэсэбэпыр;

Омонимхэр

Синонимхэр

Антонимхэр.

Яджамк1э къэпщытэжыныгъэ.

Псалъэ къэхъукIэмрэ орфографиемкIэ- 16

псалъэм зэрызихъуэж, псалъэщIэ къызэрыхъу щIыкIэхэр;

псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр: лъабжьэ.

Псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу префиксхэр

Псалъэ къызэрыхъу префиксхэр

Псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу суффикс

Псалъэ къызэрыхъу суффиксхэр

КIэух

Псалъэпкъ.

Яджамк1э къэпщытэжыныгъэ.

 Псалъэ зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Й, И щатхыр.

А,Э щатхыр.

 –У//-УЭ щатхыр.

  ЗЫ-, ЗЭ- щатхыр.

 Зыр зым игъэбелджылыуэ къэк1уа псалъэхэм я тхык1эр

Яджамк1э къэпщытэжыныгъэ

Морфологиемрэ орфографиемкIэ.

Щы1эц1э-9

зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. Щы1эц1э.

щыIэцIэ унейхэмрэ зэдайхэмрэ.

щыIэцIэхэм я склоненэр; падежк1э зэхъуэк1а мыхъу щы1эц1эхэр

щы1эц1эхэм я закъуэ, куэд бжыгъэхэр.

плъыфэцIэмрэ щыIэцIэмрэ щызэгъусэм деж я тхыкIэр.

урысыбзэм къыхэк1ыу адыгэбзэм къыхыхьа щы1эц1эхэм я тхык1эр

щы1эц1эхэр къызэрыхъу щ1ык1эр.

Щы1эц1эмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Щы1эц1эр морфологическэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Плъыфэц1э-8

плъыфэцIэ, щытык1э къызэрык1, зыщыщыр къэзыгъэлъагъуэ.

плъыфэцIэхэм я зэлъытыныгъэ степеныр.

Падежк1э, бжыгъэк1э зэхъуэк1а зэрыхъур.

Зэгъусэу къэк1уа пъыфэц1эмрэ щы1эц1эмрэ я тхык1эр.

Плъыфэц1эр къызэрыхъу щ1ык1эр.

Плъыфэц1э зэхэлъхэм я тхык1эр.

Плъыфэц1эмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Плъыфэц1эр морфологическэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Къызэрапщытэ диктанту – 6 

Къэпщытэжыныгъэхэр къызэщ1эзыкъуэж

Псалъэ зэпхамрэ псалъэухамрэ кызэщ1эзыкъуэж.

Лексикэ разделымкэ къызэщ1эзыкъуэж.

Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу щы1эц1эр езыгъэбыдыл1э

Плъыфэц1эр езыгъэбыдыл1э.

Гъэ псом яджар езыгъэбыдыл1э диктант

Изложенэу – 2 (4)

Сочиненэу- 2 (4)

Щ1эдзап1э зи1э сочиненэ.

Нэхъыжьым пщ1э хуэщ1ным теухуа сочиненэ

Къэпщытэжыныгъэ урокыу- 11

  Псалъэ зэпхамк1э къэпщытэжыныгъэ.

Псалъэухамк1э, абы и л1эужьыгъуэхэмк1э къэпщытэжыныгъэ

Псалъэухам и пкъыкъуэхэмрэ, зэрызыхуагъазэ псалъэмрэ.

Псалъэ занщ1э. Диалог.

Фонетикэмк1э къэпщытэжыныгъэ

Пычыгъуэмрэ ударенэмрэ.

 Лексикэ разделымк1э къэпщытэжыныгъэ.Омоним, синоним, антоним.

Псалъэ зэхъуэк1ык1э. Псалъэ къэхъук1э.

Й, И щатхыр;А,Э щатхыр.

 –У//-УЭ щатхыр;  ЗЫ-, ЗЭ- щатхыр.

 Зыр зым игъэбелджылыуэ къэк1уа псалъэхэм я тхык1эр

Щыуагъэхэм щелэжьыжын урокыу -10

Илъэсым къриубыдэу ягъэзэщ1эну диктанту 6-м щыуагъэхэм щелэжьыжынущ -6

Изложенэу  2 ятхынущ, щыуагъэхэм елэжьыжынущ – 2

Сочиненэу 2 ятхынущ, щыуагъэхэм елэжьыжынущ – 2

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:

Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999.

Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. ЕджапIэхэм папщIэ. Налшык, 2001.

 6-нэ класс.

Адыгэбзэ.

Адыгэбзэмк1э 6-нэ классым  папщ1э программэр зэхэлъхьащ  Джаурджий Хь., Ержыб А. сымэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1эрэ 5-11 классхэм папщ1э программэ къыдагъэк1ам ипкъ итк1э. (Налшык.«Эльбрус» тхылъ тедзап1э 2004). Программэр тещ1ыхьауэ щытщ сыхьэт 102-м.

Зэреджэну тхылъыр: Урыс Хь, Щ., 1эмырокъуэ И. 1. «Адыгэбзэ 6 класс». Налшык, «Эльбрус», 2011.

Еджак1уэхэм нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ

Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ:

Лексикэмк1э:

псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп псалъэхэмрэ профессиональнэ псалъэхэмрэ зэрызэщхьэщык 1 ыр;

диалектхэм ехьэл1а псалъэхэм я щытык1э нэхъыщхьэхэр;

жьы хъуа псалъэхэм къыщхьэщызыгъэк1ыу яхэлъыр;

бзэм къыхыхьа псалъэщ1эхэм я щытык1эр, абыхэм бзэм я къыхыхьэк1эр;

зэк 1 эщ 1 эпч мыхъу псалъэ зэпыщ 1 ахэм къыщхьэщызыгъэк 1 щытык 1 э нэхъыщхьэу яхэлъыр; ,

нэгъуэщ1ыбзэхэм щышу адыгэбзэм къыщагъэсэбэп псалъэхэр.

щыпсалъэк1и тхыгъэми къыхац1ыхук1ыфын адыгэбзэм езым еиж псалъэхэмрэ нэгъуэщ1ыбзэм щыщу къигъэсэбэпымрэ;

1эщ1агъэм хэхауэ епха псалъэхэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфын;

Псалъалъэмк1э лэжьэфын.

Псалъэ къэхъук1эмк1эмрэ орфографиемк1э:

псалъэ къызэрыхъу щ1ык1эу щы1эхэр; зы псалъэ лъэпкъыгъуэм и к1уэц1к1э псалъэш1э къызэрыхъу щ1ык1эхэр;

псалъэщ1э къыщыхъук1э зы псалъэ лъэпкъыгъуэр нэгъуэщ! псалъэ лъэпкъыгъуэм хуэк1уэнк1э зэрыхъур;

псалъэ зэхэлъхэм я морфологическэ щытык1эхэр;
псалъэ зэхэлъхэм я тхык1э хабзэхэр;

псалъэ зэхэлъ  гъэк 1 эщ 1 ахэм я  къэк 1 уэк 1 эр;

псалъэщ1э  къызытехъук1 псалъэпкъым и тхык1э хабзэм зыщихъуэжыр;
определительнэ псалъэ зэпыщ1ахэр зэпыту , зэпыхауэ  зэратхыр;

Псалъэ  лъэпкъыгъуэхэмрэ орфографиемрэкl э:

бжыгъэцIэхэм я мыхьэнэмрэ морфологическэ щытыкIэхэмрэ;

бжыгъэцlэхэр я морфологическэ зэхэтыкlэ елъытауэ зэрызэщхьэщыкI гупхэр; ,

бжыгъэцIэхэм я разрядхэр;

бжыгъэцlэхэм я склоненэр;'

 бжыгъэцlэмрэ щыlэцlэмрэ щызэщIыгъум падежкlэ зэхъуэкlа зэрыхъу хабзэхэр;

бжыгъэцlэхэм я разряд зэмылlgужьыгъуэхэм я къэхъукlэр;

бжыгъэцIэхэм я тхыкIэр;

ц1эпапщlэхэм я мыхьэнэмрэ морфологическэ щытыкIэмрэ; 

цIэпапщlэхэм адрей псалъэ лъэпкъыгъуэхэм къыщхьэщызыгъэк1ыу  яхэлъыр;

ulэпапщlэхэм я разрядхэр;

цlэпапщIэхэм я склоненэр;

глагол лъэмыIэсымрэ лъэlэсымрэ зэрызэщхьэщык1ыр;

глаголым и наклоненэхэмрэ абыхэм къагъэлъагъуэмрэ;

 глаголым и спряженэ щlыкIитIым зэщхьэщызыгъэкIыу яхэ­лъыр;

глаголыр зэхъуэкlа зэрыхъу префиксхэмрэ псалъэпкъым хыхьэ префиксхэмрэ я зэхэувэкIэм иlэ хабзэхэр;

Глаголыр къызэрыхъу щlыкlэхэр.

Е д ж а к I у э х э м   я х у з э ф I э к I ы н   х у е й щ:

лексuкэмкl э:

диалектым ехьэлIа псалъэхэр литературэбзэм хыхьэхэм къыха­зкIыфын;

щыпсалъэкIи тхыгъэми къыхацIыхукIыфын адыгэбзэм езым  еиж  псалъэхэмрэ нэгъуэщlыбзэм щыщу къигъэсэбэпымрэ;

Iэщlагъэм хэхауэ епха (профессионалыIэ псалъэхэр практи­ческэу я бзэм  къыщагъэсэбэпыфын;

псалъалъэмкlэ лэжьэфын;

 псалъэ къэхъук1эмк1э, псалъэ лъэпкъыгъуэхэмк1э, орфографиемк1э:

псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэм хузэпкърыхын;

VI классым щаджа псалъэ лъэпкъыгъуэхэмрэ абыхэм я грамматическэ щытыкIэхэмрэ;

I-VI классхэм бзэмкIэ щаджахэм къыхэкI орфограммэхэр  къэгъуэтын, псалъэхэм я тхыкIэ тэмэмымрэ нагъыщэхэм я гъэувы­кIэмрэ я  хабзэхэм щытхэкIэ иригъуэзэн;

псалъэщIэ къыщыхъукIэ, ударенэр зытехуэ пычыгъуэм зыщи­хъуэжкlэ е зы псалъэ лъэпкъыгъуэр нэгъуэщI псалъэ лъэпкъы­гъуэм щыхуэкlуэкlэ, макъзешэ э, а-хэр щатхыр зэхэгъэкIын;

псалъэ зэхэлъхэм я кум екъуа дэту щатхым и хабзэр щытхэ­кIэ къэгъэсэбэпын;

определительнэ псалъэ зэпыщlахэр зэпыту щатхым иригъуэзэн, ахэр псалъэ зэхэлъхэм къыхэгъэкIыфын.

къыупщытэ мыхъу орфограммэ зиIэ псалъэхэр тэмэму тхыфын (VI классым я тхылъым зыщрихьэлIэхэм тещIыхьауэ).

бзэм зегъэужьынымк1э:

План зэхэлъ зэхэлъхьэн. Тхыгъэр зытепсэлъыхьыр убгъуауи. кlэщIуи, хэчыхьауи къэ1уэтэжыфын, пейзажым, псэуалъэм и опи­санием щыщ Iуэхугъуэхэр хыхьэу. Сочиненэ зэратхын материал зэхуэхьэсыфын икIи, зэрыщытын хуейм хуэдэу, зэкIэлъыхьыфын, темэмрэ гупсысэ нэхъыщхьэмэрэ Iуэхум къыхэлъытауэ. Езым къа­гупсыса рассказ зэхэлъхьэн, псэуалъэм, пейзажым тетхыхьыфын. ЩIызэныкъуэкъу гуэрым теухуауэ тхыгъэ кIэщI тхыфын. Зэ­халъхьа тхыгъэм къиIуатэмрэ зэрытха бзэмрэ ирагъэфIэкlуэын (яджа материалым тещIыхьауэ).

Фразеологическэ псалъалъэр къэгъэсэбэпыфын.

Программэм и зэхэлъык1эр:

 

Адыгэбзэ. Адыгэбзэм и зыужьыныгъэр.

1

Бзэм и стилхэр.

Щ1эныгъэ  стиль

Публицистическэ, 1уэху зэрызэрахьэ стилхэр

Жьэры1уатэ-къызэрыгуэк1  стиль

3

Къэпщытэжыныгъэ.

1.Синтаксисымрэ пунктуацэмк1э .

2. Псалъэ къэхъук1эмк1э

3. Лексикэмкэ.

4. Морфологиемрэ орфоглрафиемрэ.

5.Фонетикэмрэ орфоепиемрэ

5

Лексикэ.

Псоми къагъэсэбэп псалъэхэр.

1эщ1агъэм епха псалъэхэр

Щ1ып1эм епха псалъэхэр. Диалект псалъэхэр.

Адыгэбзэм езым къыхэхъук1ыжа псалъэхэр. Нэгъуэщ1ыбзэм щыщу  къищта псалъэхэр

Жьы хъуа псалъэхэр,

Псалъэщ1эхэр.

Псалъалъэхэр.

Псалъэ шэрыуэхэр.

Зэк1эщ1эпч мыхъу псалъэхэр.

 Къытегъэзэжыныгъэ

Лексикэ разделыр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр.

11

Псалъэ къэхъук1э.

Къызытехъук1 псалъэпкъ.

Псалъэ къызэрыхъу префиксхэр.

Псалъэ къызэрыхъу  суффиксхэр.

Псалъэ зэхэлъхэр, абыхэм я тхык1эхэр.

Псалъэ зэхэлъ гъэк1эщ1ахэр.

Псалъэ къэхъук1эмк1э  къэпщытэжыныгъэ.

Псалъэ къэхъук1эр  езыгъэбыдыл1э щхьэзакъуэ лэжьыгъэ.

7

Бжыгъэц1э.

Бжыгъэц1эм и мыхьэнэр.

Бжыгъэц1э къызэрык1уэ, зэхэлъ, зэхэт.

Зэрабж бжыгъэц1э,  я тхык1эр.

Зэрагуэш бжыгъэц1э, я тхык1эр

Къутахуэ, я тхык1эр.

Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэр, я тхык1эр.

Щы1эц1эмрэ цифрэк1э тха бжыгъэц1эмрэ  я тык1эр.

Бжыгъэц1эмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Бжыгъэц1эр морфологическэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Бжыгъэц1эр езыгъэбыдыл1э щхьэзакъуэ лэжьыгъэ

10

Ц1эпапщ1э.

Ц1эпапщ1эм и мыхьэнэр.

Щхьэ ц1эпапщ1эхэр.

Щхьэ ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр.

Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэр

Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэр,я склоненэр.

Еигъэ ц1эпапщ1эхэр.

Еигъэ ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр.

Зэрыупщ1э ц1эпапщ1эхэр.

Зэры1упщ1э ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр.

Относительнэ ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр

Белджылыгъэ ц1эпапщ1эхэр.

Белджылыншагъэ ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр.

Мыхъуныгъэ ц1эпапщ1эхэр, я склоненэр.

Ц1эпапщ1эхэм  я разрядхэр.

Ц1эпапщ1эмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Ц1эпапщ1эр морфологическэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Ц1эпапщ1эр езыгъэбыдыл1э щхьэзакъуэ  лэжьыгъэ.

17

Глагол.

Глаголым и мыхьэнэр.

Глаголым и зэманхэр.

Инфинитив.

Глагол лъэ1эс, лъэмы1эс.

Глагол лъэ1эс, лъэмы1эсыр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэ.

Зылэжь, зэлэжь гъэпсык1э.

Зылэжь, зэлзжь гъэпсык1эр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэ.

Глагол зыгъэзэжхэр.

Глаголым и наклоненэхэр.

Зэра1уатэ наклоненэ

Зэрыупщ1э  наклоненэ.

Гъэщ1эгъуэныгъэ

Шэч къытехьэныгъэ

Уступительнэ наклоненэ

Условнэ наклоненэ.

Ф1эф1ыныгъэ наклоненэ.

Унафэ наклоненэ.

Условно-сосл. наклоненэ.

Зы щхьэ зи1э, щхьэ куэд зи1э гаголхэм я склоненэр.

Щхьэ префиксымрэ псалъэпкъым щыщ префиксымрэ.

Глагол спряженэмрэ ц1э спряженэмрэ.

Щхьэ префиксхэм я тхык1эр.

Глаголхэм я къэхъук1эр.

Глаголымк1э къэпщытэжыныгъэ.

Глаголыр морфологическэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Глаголыр езыгъэбыдыл1э щхьэзакъуэ лэжьыгъэ

26

Бзэм зезыгъэужь сочиненэу 2 ятхынущ.

 

4

Изложенэ, сочиненэ щытык1эхэр и1эу.

Гъэ псом изложенэу 2 ятхынущ

4

Диктант, грамматическэ лэжьыгъэхэр щ1ыгъуу. – 6

Къэпщытэжыныгъэхэмк1э къызэрыпщытэ диктант-2

Лексикэмк1э,  псалъэ къэхъук1эмк1э къызэрыпщытэ диктант-2

Бжыгъэц1эмк1э къызэрапщытэ диктант-2

Ц1эпапщ1эмк1э къызэрапщытэ диктант-2

Глаголымк1э къызэрапщытэ диктант-2

Гъэ псом яджар къызэщ1эзыкъуэж къызэрапщытэ диктант-2

12

Гъэ псом яджамк1э къэпщытэжыныгъэ,   тест лэжьыгъэхэр.           

Лексикэмк1э, псалъэ къэхъук1эмк1э тест лэжьыгъэхэр.

Бжыгъэц1эмк1э, ц1эпапщ1эмк1э, глаголымк1э тест лэжьыгъэхэр.

 

2

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:

Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999.

Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. ЕджапIэхэм папщIэ. Налшык, 2001.

 7-нэ класс.

Адыгэбзэ.

Адыгэбзэр курыт еджап1эм зэрыщрагъэджыну программэр зэхэлъхьэным елэжьащ Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э  Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм и министерствэм и унафэк1э къызэрагъэпэща комиссэм хэт IэщIагъэлI гуп: Джэурджий Хь.З., Къэмбэчокъуэ I.Т., Тэнащ К.М., Нэгъуей С.М., Бекъан М. сымэ, 2010 гъ.

АдыгэбзэмкIэ курыт еджапIэм и программэр зэхэлъхьащ еджапIэм курыт щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э егъэджэныгъэ хабзэм адыгэбзэм ехьэл1ауэ къигъэув къэрал стандартым ипкъ итк1э.

Е 7 –нэ  классым программэмк1э къыдет  сыхьэт-68, ауэ зэхъуэк1ыныгъэ хэлъщ республиканскэ учебнэ планым ипкъ итк1э /приказ № 418 от 18.07.2011/2012г./  адыгэбзэмк1э е 7- нэ классым илъэсым сыхь. -58 къыдет,  къызэрапщытэ лэжьыгъэ-4,  бзэм зегъэужьынымк1э-6.

     Адыгэбзэр школым щегъэджыным и мурадщ а предметымк1э еджак1уэхэм щ1эныгъэ куу етыныр, орфографиемрэ пунктуацэмк1э  есэныгъэ быдэ егъэгъуэтыныр, программэм къызэщ1иубыдэм хуэдизк1э я гупсысэхэр жьэры1уатэуи тхыгъэк1и къызэра1уэтэфын зэф1эк1 егъэгъуэтыныр, езыр- езыру я щ1эныгъэхэр хэгъэхъуэным еджак1уэхэр хуэгъэхьэзырыныр.

         Адыгэбзэр 7-нэ классым щегъэджыным къалэну къегъэув:

-тэмэму псэлъэнымк1и, тхэнымк1и, абы хуэдэ къабзэу гъэхуауэ, къеджэнымк1и еджак1уэхэм я1э есэныгъэхэр егъэф1эк1уэн;

-я бзэр тэмэму яхутэфу, дэтхэнэ зы псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэпыфу егъэсэн;

-еджак1уэхэм етын фонетикэм, лексикэм, псалъэ къэхъук1эм, гармматикэм, стилистикэм теухуауэ щ1эныгъэ пыухык1ахэр; иджырей бзэщ1эныгъэм щыщу гуры1уэныгъэтынш дыдэхэр, обществэм, гъащ1эм бзэм  мыхьэнэуэ щи1эр, абы и зыужьык1эр;

-еджак1уэхэм я логическэ гупсысэк1эм зиужьынымк1э дэ1эпыкъуэгъу хъун;

-бзэм и къулеягъым гулъытэ хуэщ1ыным егъэсэн ик1и а къулеягъыр зэгъэгъуэтыным хущ1экъун;

-еджак1уэхэр ц1ыхугъэм, гущ1эгъулыуэ щытыным, и лъэпкъымрэ абы и хабзэмрэ къыщхьэщыжыным, ихъумэжыным хуэгъэсэн.

        Литературэ.

Зэреджапхъэ тхылъыр.

Урыс Хь.Щ. Iэмрокъуэ И. I.  Адыгэбзэ 7 класс КъБР-м щIэныгъэ Iуэхухэмк1э и Министерствэм къищтащ. Епщык1утхуанэ къыдэкIыгъуэ, хэлэжьыхьыжауэ. Налшык «Эльбрус» 2011 гъ.

Щ1эныгъэ курсым теухуауэ къэдгъэсэбэп учебно- методическэ тхыгъэхэр:

1.«Адыгэ грамматикэ» Н.»Эльбрус», 2001гъ. Урыс Хь. Щ.

2. «Адыгэбзэ орфографием зэрыхурагъаджэ методикэ» Н.»Эльбрус», 2001гъ. Джаурджий Хь.З.

3.«Орфографическэ псалъалъэ» Н.»Эльбрус», 1967гъ. Зэхъуэхъу Л.Хъ.

4.«Адыгэбзэ пэжырытхэмк1э лэжьыгъэхэр»Н.»Эльбрус», 1998гъ Джаурджий Хь.З.

5.«Адыгэбзэм и тхыдэ» Н.»Эльбрус», 2000гъ. Урыс Хь.

6.«Кабардино- русский фразелогический словарь» Н.»Эльбрус», 1968гъ Къардэн Б.М

7.«Нэгъыщэ гъэувык1эм зэрыхурагъаджэ методикэ» Н.»Эльбрус», 2007гъ Джаурджий Хь.З.

8.«Адыгэбзэ пэжырытхэмк1э нэгъыщэ гъэувык1эхэр» Н.»Эльбрус», 2005гъ Урыс Хь.Щ., Зэхъуэхъу Л.Хь

9.«Адыгэбзэ псалъалъэ» Москва, «Дигора», 1999гъ. Абыт1э М.Л., Бищ1о Б.Ч.

10.«Адыгэбзэмк1э карточкэхэр» Н.»Эльбрус», 1993гъ Гугъуэт Л.,

Гугъуэт Е.

11.«Школьный русско-кабардинский словарь» Н.»Эльбрус», 1991гъ. Гяургиев Х.З.,

Сукунов Х.Х.

12.Джэурджий Хь.З. Дзасэжь Хь. Е. Адыгэбзэр зэраджыпхъэ методикэ. Налшык, 1994

13.Джэурджий Хь.З. К1эрэф М.Ж. Синтаксисымрэ пунктуацэмк1э лэжьыгъэхэр. Налшык , 1975

14.Джэурджий Хь з. Дзасэжь Хь.Е. Адыгэбзэ, ет1уанэ 1ыхьэ. Налшык, 1992 , 1995

15.Джэурджий Хь.З. Адыгэ пэжырытхэмк1э лэжьыгъэхэр. Налшык, 1998

 

Къагъэсэбэпыпхъэ псалъалъэхэр.

             Автор гуп. Урыс-адыгэ псалъалъэ. Москва, 1955гъ.

             Автор гуп. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык, 1957гъ.

             Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999 гъ.

 

8-нэ класс.

Адыгэбзэ.

  Адыгэбзэмк1э 8-нэ классым  папщ1э программэр зэхэлъхьащ  Джаурджий Хь., Ержыб А. сымэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1эрэ 5-11 классхэм папщ1э программэ къыдагъэк1ам ипкъ итк1э. (Налшык.«Эльбрус» тхылъ тедзап1э 2004). Программэр тещ1ыхьауэ щытщ сыхьэт 68-м.

Зэреджэну тхылъыр: Урыс Хь, Щ., Тамбий Б. «Адыгэбзэ 8 класс». Налшык, «Эльбрус», 2011.

Еджак1уэхэм нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ

Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ:

Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ.

синтаксисым иджымрэ пунктуацэр зищ1ысымрэ;

псалъэ зэпхар псалъэухам къызэрыщхьэщык1ыу хэлъ щытык1эхэр;

псалъэ зэпха  л 1 эужьыгъуэ нэхъыщхьэхэм я къэк 1 уэк 1 эр;

псалъэ зэпхахэм яку дэлъ зэпыш1эныгъэхэр зыхуэдэр;

подлежащэмрэ сказуемэмрэ я1э зэпхык1эм къыщхьэщызыгъэк1ыу хэлъыр;

псалъэуха къызэрык 1 уэм и щытык 1 эмрэ абы и л 1 эужьыгъуэхэмрэ;

псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр,сказуемэ л1эужьыгъуэхэр, абыхэм я къэк1уэк1эр. Подлежащэм и кэк1уэк1эр. Подлежащэмрэ сказуемэмрэ зэрызэк1ур;

псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр;

зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэуха къызэрык 1эхэр, псалъэуха иримыкъухэр;

щхьэ белджылы зи1э, щхьэ мыбелджылы зи1э псалъэухахэр;

щхьэ зимы1э псалъэухахэр;

ц1эи1уэ псалъэухахэр;

псалъэуха иримыкъухэр

пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зи1э псалъэухахэр;

определенэ зэлъэпкъэгъу, зэмылъэпкъэгъу;

пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм къаэщ1ыгъу къызэщ1эзубыдэ псалъэр;

псалъэухам хэт псалъэхэм я зэк1элъык1уэк1эр;

зэрызыхуагъазэ, вводнэ псалъэ, междометие зыхэт псалъэухахэр;

псалъэуха къызэрык 1 уэхэм нагъыщэ зэрыщагъэувым и хабзэхэр;

пкъыгъуэ пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухахэр;

псалъэ занщ1эмрэ зэдзэк1амрэ;

пслъэухам и пкъыгъуэ пыщхьэхук1ахэр;

обстоятельствэ пщхьэхук1ахэр;

определнэ пыщхьэхук1ахэр;

дополненэ пыщхьэхук1ахэр;

зыгъэтэмэм пкъыгъуэ пыщхьэхук1ахэр.

Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ын хуейщ:

Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ.

псалъэ зэпхам, зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэухам и синтаксическэ зэпкъырыхыныгъэ щ1ыныр;

псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьит1при зи1э, зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э, пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу, вводнэ псалъэ, псалъэ зэпха зыхэт псалъэухахэр зэхигъэувэфу;

бзэм и стилым къезэгъ синтаксическэ синонимхэр къигъэсэбэпыфу;

пунктонграммэхэм я хабзэм иригъуэзэфу,  пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу, вводнэ псалъэ, псалъэ занщ1э, псалъэ зэдзэк1ахэм гъэувыпхъэ нагъыщэхэр игъэувыфу;

зи тхык1эр орфографиек1э къыпхуэмыщтэ псалъэхэм я тхык1э тэмэмыр ищ1эу щытын хуейщ

Бзэм зегъэужьынымк1э:

сочиненэ-описанэ тхын, ц1ыху гупым  е ц1ыхуит1ым е нэхъыбэм зэгъэпщэныгъэ характеристикэ иарыфу есэн хуейщ;

езыхэм я гуращэхэмрэ гурыщ1эхэмрэ къыщагъэлъагъуэ  сочиненэ тхыфын, хьэл-щэн къэгъэлъэгъуэным теухуауэ лэжьыгъэ ягъэхьэзырыфын хуейщ;

орфографием, пунктуацэм, грамматикэм ехьэл 1 а щыуагъэхэр гъэзэк 1 уэжынымк1э есэныгъэхэр я1эн хуейщ.

 

Программэм и зэхэлъык1эр:

Яджам къытегъэзэжын-3 .

1.       Фонетикэм  лексикэм  теухуауэ яджар къэпщытэжыныгъэ.

2.       Офографием, морфологием теухуа  къэпщытэжыныгъэ.

3.       Псалъэ къэхъук1эмрэ псалъэ зэхъуэк1ык1эмрэ.

Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ теухуа гуры1уэныгъэ-1

1.       Псалъэ зэпхар,ар псалъэухам къызэрыщхь.

Псалъэ зэпхахэр.-5

1.       Зэк1уныгъэ. зэпхык1э.

2.       Зегъэк1уэныгъэ зэпхык1э.

3.       Егъэщ1ыл1эныгъэ зэпхык1э.

4.       Псалъэ зэпхар зэпкърыхыныгъэ.

5.       Логическэ ударенэ.

Пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зи1э псалъэухахэр-5

1.       Пкъыгъуэ  нэхъыщхьит1ри зи1э, зы пкъыгъуэ нэхъ зи1э псалъэухахэр.

2.Подлежащэмрэ сказуемэмрэ.псалъэуха убгъуамрэ мубгъуамрэ\

3. Сказуемэ л1эужь. Сказуемэ къызэрык1уэ

4. Сказуемэ зэхэт.

5.Подлежащэм и къэк 1 у эк1эр. Подлежащэм сказуемэр бж.зэрек1ур.

Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр- 8

1.       Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр. Дополненэ.

2.       Определенэ.

3.       Приложенэ.

4.       Обст. л1эужь.  Щ1ып1э, зэман обстоятельствэхэр.

5.       Щхьэусыгъуэ, мурад обстоятельсьвэхэр.

6.       Лэжьыгъэм и къэхъук1э, мардэ обстотельствэхэр.

7.       Пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зи1э псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкърыхыныгъэ.

8.       Яджам къытегъэзэжыныгъэ

Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэуха-6

1.       Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэухам и къэк1уэк1эр

2.       Щхьэ белджылы зи1э псалъэухахэр. Щхьэ мыбелджылы зи1э псалъэуха.

3.       Щхьэ зимы1э псалъэуха.

4.       Ц1эи1уэ псалъэухахэр.

5.       Псалъэуха иримыкъухэр.

6.       Къытегъэзэжыныгъэ.

Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зи1э псалъэухахэр-7

1.       Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэмк1э гуры1уэгъуэ.Определенэ зэлъэпкъэгъу, зэмылъэпкъэгъу.

2.       Пкъыгъуэ зэлъэпкъ. зэрызэрапх  союз,союз – суффиксхэр.

3.       Пкъыгъуэ зэлъ-м къадэщ1ыгъу къызэш1эзубыдэ псалъэхэр

4.       Подлежащэ зэлъэпкъэгъухэм сказуемэр бжыгъэк1э зэрек1ур.

5.       Сказуемэ зэлъэпкъэгъу зи1э псалъэухам и к1уэц1к1э подлежащэр зезыгъак1уэр.

6.       Псалъэухам хэт псалъэхэр зезыгъак1уэр

7.       Къытегэзэжыныгъэ

Псалъэухам грамматическэк1э емыпха псалъэхэ-3

1.       Зэрызыхуагъазэ псалъэ.

2.       Вводнэ псалъэ, псалъэ  зэпха,псалъэуха, нагъыщэхэм я гъэувык1эр.

3.Къытегэзэжыныгъэ.

Пкъыгъуэ пыщхьэхук1ахэр-5

1.       Пкъыгъуэ пыщхьэхук1ахэмк1э гуры1уэгъуэ.Обстоятельствэ пыщхьэхук1ахэр.

2.       Определенэ пыщхьэхук1ахэр.

3.       Дополненэ пыщхыхук1ахэр.

4.       Зыгъэтэмэм пкъыгъуэпыщхьэхук1ахэр

5.       Къытегъэзэжыныгъэ.

Бзэм зегъэужьыным, сочиненэ-4

1.       Текстым и щ1эдзап1эмк1э сочиненэ-2

2.       Текстым и к1эухымк1э сочиненэ-2

Бзэм зегъэужьыным, изложенэ -8

1.       Унагъуэ хабзэм, нэмысым теухуа текстк1э изложенэ-2

2.       Хэкур ф1ыуэ лъагъуным теухуа изложенэ.-2

3.       «Къэблэжьар 1эф1щ1» темэм ехьэл1а изложенэ.-2

4.       Ныбжьэгъугъэм теухуа изложенэ.-2

Грамматическэ лэжьыгъэхэр зыщ1ыгъу диктант (щыуагъэхэм щелэжьыжыну урокхэри хэту)-  2 (4)

1.       Къэпщытэжыныгъэхэм кърик1уа  щ1эныгъэхэр къэзыпщытэ диктант.

2.       Илъэсым яджар къызэрапщытэжын диктант.

Гъэ псом яджам къытегъэзэжыныгъэ-6

1.       Псалъэ зэпхамк1э.

2.       Псалъэуха къызэрык1уэмк1э.

3.       Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ ет1уанэхэмрэ.

4.       Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэухамк1э.

5.       Псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэмк1э.

6.       Псалъэуам грамматическэк1э емыпхэмрэ  псалъэухам и пкъыгъуэ пыщхьэхук1ахэмк1э

 Яджахэр зэрырагъэбыдыл1эн, къызэрапщытэжын  тест лэжьыгъэхэр щагъэзэщ1эну урокыу-4                                        

Псори 68 мэхъу.

 

 

Зэреджэну, къагъэсэбэпыну  тхылъхэр:

Адыгэбзэ 8-нэ классым папщ1э. Урыс Хь.Щ., Тамбий Б. «Эльбрус» тхылъ тедзап1э. Налшык, 2011.

Урс Хь., Зэхъуэхъу Л., Адыгэбзэм и орфографическэ псалъалъэ, Налшык, 1998.

Щхьэгъэпсо С., Слон Л. Къэк1ыгъэхэм я адыгэц1эхэр. Налшык, 1994.

 9-нэ класс.

Адыгэбзэ.

Адыгэбзэмк1э 9-нэ классым  папщ1э программэр зэхэлъхьащ  Джаурджий Хь., Ержыб А. сымэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1эрэ 5-11 классхэм папщ1э программэ къыдагъэк1ам ипкъ итк1э. (Налшык.«Эльбрус» тхылъ тедзап1э 2004). Программэр тещ1ыхьауэ щытщ сыхьэт 68-м.

Зэреджэну тхылъыр: Урыс Хь, Щ., Тамбий Б. «Адыгэбзэ 9 класс». Налшык, «Эльбрус», 2011.

Еджак1уэхэм нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ

Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ:

Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ.

псалъэуха ззхэлъ-зэгьусэхэм я къэкlуэкlэр;

псалъэуха зэхэлъым и щытыкlэ нэхъыщхьэхэр;

псалъэ пажэхэмрэ гуэдзэхэмрз зэрызэхущытыр

псалъэуха гуэдзэ лlэужьыгьуэхэр;

гуэдзэ зыбжанэ зиlэ псалъэуха зэхэлъ-ззпхам и къэкlуэкlэр;

псалъэуха зэхэлъым къыщыкlуэ пунктограммэхэм я гьэувыкlэ хабзэр;

союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр;

зэпхыкlэ зэмылlэужьыгьуэ зиlэ псалъэуха зэхэлъхэр.

Еджакlуэхэм яхузэфlэкlын хуейщ

Синтаксuсымрэ пунктуацэмк1э:

псалъэуха зэхэлъхэм теухуауэ синтаксическэ зэпкъырыхыныгьэ егьэкlуэкlын;

псалъэуха ззхэлъ зэмылlэужьыгьуэхэм синтаксическэ синонимхэр къыщыгьэсэбэпын;

псалъэуха зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр запятойкlэ зэпэщlэхыфын, союзыншэ псалъэуха зэхэлъым зэрызэхагьэкl нагьыщэхэр гьэувыфын;

пунктограммэхэр къэгъуэтыфын;

зи тхык1эр орфографиемк1э къамыпщытэ псалъэхэм я тхык1э тэмэмыр къагъэсэбэпын

Бзэм зегъэужьынымк1э:

темэ пыухыкlам теухуа тхыгьэ иныр зытепсэлъыхьыр хэчыхьауэ къэlуэтэжын;

хэкlыпlитl-щы къагьэсэбэпурэ доклад гъэхьэзырын икlи щlын;

статья иным и тезис е конспект тхын;

езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын. 

ЕДЖЭНЫГЪЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫМРЭ АБЫ КЪЫЗЭЩIИУБЫДЭМРЭ

1. Яджам къытегъэзэжын (сыхь.4)

1.Псалъэ зэпхам къытегъэзэжыныгъэ

2. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.

3. Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр.

4. Псалъэ занщ1э, зэдзэк1а.

2. Псалъэуха зэхэлъ(16)

1. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэ.

2.Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэмк1э лэжьыгъэ.

3. Псалъэуха зэхэлъ-зэпха

4. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхамк1э лэжьыгъэ

5. Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ.

6. Псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэхэр.

7. Дополненэ гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпха.

8. Обстоятельствэ псалъэуха гуэдзэ. Зэман  псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпха.

9. Щ1ып1э псалъэуха гуэдзэхэр.

10. Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ.

11. Мурад псалъэуха гуэдзэ.

12. Щхьэусыгъуэ псалъэуха гуэдзэ.

13. Условнэ псалъэуха гуэдзэ.

14. Уступительнэ псалъэуха гуэдзэ.

15. Гуэдзэ зыбжанэ зиэ псалъэуха зэхэлъ-зэпха.

16. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам, зэхэлъ-зэгъусэм ехьэл1а щхьэзакъуэ лэжьыгъэ.

3. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъыр (6)

1. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым (,) щагъэувыр.

2. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым (;) щагъэувыр.

3. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым (:) щагъэувыр.

4. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым (-) щагъэувыр.

5. Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэуха зэхэлъ.

6. Псалъэуха зэхэлъыр зэпкърыхыныгъэ.

4. Къэпщытэжыныгъэ (13)

Фонетикэмк1э.Бзэм и макъхэр. Макъымрэ хьэрфымрэ. Макъзешэхэр.

Макъ дэк1уашэхэр

Псалъэ къэхъук1эмрэ псалъэ зэхъуэк1ык1эмрэ.

Орфоепиер.

Лексикэмк1э къэпщытэжыныгъэ.

Орфографиемк1э къэпщытэжыныгъэ.

Зи щхьэ хущыт, зи щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.

Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.

Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр.

Псалъэуха зэхэлъым, къызэрык1уэм теухуа къэпщытэжыныгъэ.

Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэ, псалъэуха зэхэлъ-зэпха.

Гуэдзэ псалъэухахэмк1э къэпщытэжыныгъэ

Гуэдзэ псалъэухахэр езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэхэр.

Сочиненэу -3 (6)

Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд.

«Насып» сочиненэ-рассужденэ.

«Си Хэку, си жьэгу, си унэ блынджабипл1» темэмк1э сочиненэ-рассужденэ.

Изложенэу- 4 (8)

Унагъуэ хабзэм, нэмысым теухуа текстк1э изложенэ-2

Хэкур ф1ыуэ лъагъуным теухуа изложенэ.-2

«Къэблэжьар 1эф1щ1» темэм ехьэл1а изложенэ.-2

Ныбжьэгъугъэм теухуа изложенэ.-2

Диктанту- 2 (4).

Щхьэзакъуэ лэжьыгъэу(7)

Илъэсым яджахэмк1э тест лэжьыгъэхэр-1

 Литературэр:

Адыгэ пэжырытхэмкlэ лэжьыгьэхэр. Налшык, 1998.

Урыс Хь.Щ., Зэхъуэхъу л.Хь. Адыгэбзэ орфографuемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр. Налшык, 1963.

Урыс Хь.Щ., Тамбuй Б.А. Адыгэбзэ. 9-нэ классхэм папщlэ тхылъ. Налшык, 2012. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999 гь.

 11-нэ класс

Адыгэбзэ.

Адыгэбзэмк1э XI  классым  папщ1э программэр зэхэлъхьащ  Джаурджий Хь., Ержыб А. сымэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1эрэ 5-11 классхэм папщ1э программэ къыдагъэк1ам ипкъ итк1э. (Налшык.«Эльбрус» тхылъ тедзап1э 2004). Программэр тещ1ыхьауэ щытщ сыхьэт 34-м.

Къагъэсэбэпыну тхылъхэр: Урыс Хь, Щ., Тамбий Б. «Адыгэбзэ 9 класс»,  Налшык, «Эльбрус», 2011, Урыс Хь, Щ., Тамбий Б. «Адыгэбзэ 8 класс»,  Налшык, «Эльбрус», 2011, Урыс Хь, Щ., 1эмырокъуэ И. «Адыгэбзэ 6 класс»,  Налшык, «Эльбрус», 2011,  Урыс Хь, Щ., 1эмырокъуэ И. «Адыгэбзэ 7 класс»,  Налшык, «Эльбрус», 2011.

Х1 классым адыгэбзэмк1э и программэр зытещ1ыхьари абы къызэщIиубыдэри 5-9-II классхэм лексикэм, фонетикэм, грамма­тикэм, пэжырытхэм ехьэл1ауэ щаджахэм щыщхэр къызэщIэкъуэ­жауэ къэпщытэжынырщ. Ипэ классхэм щаджа псоми къытрагъэзэжыну  сыхьэт 34-к1э зэф1экIынукъым. Абы къыхэкIкIэ  программэм къыщыгъэлъэгъуащ еджак1уэхэр нэхъ зыхуэныкъуэу къэслъытэ 1уэхугъуэхэр, темэхэр. Программэм къызэщ1иубыдащ лексикэ, фонетикэ, псалъэ къэхъук1э, синтаксис, морфологие, орфографиемк1э, пунктуацэ разделхэр

Къапщытэжыну нэхъ зыхуэзгъэфащэ темэхэр, разделхэр:

                Лексикэмк1э. Омоним, синоним, антоним.Псалъэм и мыхьэнэ дыдэмрэ зэдзэк1амрэ. Псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп псалъэхэр.

Фонетикэмрэ орфоэпиемрэ.Зы макъ, макъит1 къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр. Макъ зэпэщ1эхыу къак1уэ хьэрфхэр.Фонетическэ зэпкърыхыныгъэ.

Псалъэ къэхъук1эмрэ псалъэ зэхъуэк1ык1эмрэ.Псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу суффиксхэр, псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу префиксхэр.  Псалъэщ1э къызэрыхъу суффиксхэр, псалъэщ1э къызэрыхъу суффиксхэр. Псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Псалъэ зэпхахэр.Псалъэ зэпхахэм яку дэлъ зэпхык1эхэр (зэк1уныгъэ, зегъэк1уэныгъэ, егъэщ1ыл1эныгъэ) зэхагъэк1ыфын

Синтаксисымрэ пунктуацэмк1э.Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр. Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр. Псалъэуха убгъуа, мыубгъуа. Псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр, нагъыщэхэм я гъэувык1эр.Псалъэуха къызэрык1уэ, псалъэуха зэхэлъ. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъ.Псалъэуха зэхэлъ-зэпха. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэ.Вводнэ псалъэ,  псалъэ зэпха, псалъэуха.Псалъэ занщ1эрэ зэдзэк1арэ.Псалъэухам и пкъыгъуэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Морфологиемк1э.Зи  щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. Зи  щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.

                Орфографиемк1э.Префикс зы-,зэ-щатхыр. Й, И щатхыр. Макъзешэ Э къапсэлъыу хьэрф А щатхыр. Суффикс –У//-УЭ щатхыр . Определительнэ псалъэ зэпхахэм я тхык1эр. Ы-р хьэрфзэпэщ1эхыу  къыщык1уэр.

                               Бзэм зегъэужьынымк1э:

-    пэщ1эдзэ зи1э изложенэр и к1эм зэпхауэ нэгъэсэфын;

-    темэ пыухык1ам теухуа тхыгъэ иныр зытепсэлъыхьыр къэ1уэтэжын;

-    хэк1ып1ит1-щы къэгъэсэбэпауэ доклад гъэхьэзырын;

-    статья, конспект тхын;

-     гупсысэр тхыгъэк1э зэгъэк1уауэ езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын.

11-нэ классыр къыщаухк1э ящ1эн хуейщ:

-    фонетикэк1э зэпкърыхыныгъэ;

-    морфологиек1э зэпкърыхыныгъэ;

-    синтаксиск зэпкърыхыныгъэ;

-    псалъэ зэпха л1эужьыгъуэхэр;

-    псалъэуха л1эужьыгъуэхэр;

-    псалъэухам и к1уэц1к1э нагъыщэ ягъэувхэр, щагъэувхэр;

Къэпщытэжыныгъэр  зэрек1уэк1ынумрэ абы къызэщ1иубыдэмрэ:

 

Лексикэмк1э-  2

1.       Омоним, синоним, антоним.

2.       Псалъэм и мыхьэнэ дыдэмрэ зэдзэк1амрэ. Псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп псалъэхэр.

Фонетикэмк1э-2

1.       Зы макъ, макъит1 къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр. Макъ зэпэщ1эхыу къак1уэ хьэрфхэр.

2.       Фонетическэ зэпкърыхыныгъэ.

Псалъэ къэхъук1эмрэ псалъэ зэхъуэк1ык1эмрэ-2

1.       Псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу суффиксхэр, псалъэ зэхъуэк1а зэрыхъу префиксхэр. 2. Псалъэщ1э къызэрыхъу суффиксхэр, псалъэщ1э къызэрыхъу суффиксхэр.

2.       Псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Псалъэ зэпхахэр-1

Псалъэ зэпхахэм яку дэлъ зэпхык1эхэр (зэк1уныгъэ, зегъэк1уэныгъэ, егъэщ1ыл1эныгъэ) зэхагъэк1ыфын

Синтаксисымк1э-7

1.       Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр. Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэхэр. Псалъэуха убгъуа, мыубгъуа.

2.       Псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр, нагъыщэхэм я гъэувык1эр.

3.       Псалъэуха къызэрык1уэ, псалъэуха зэхэлъ. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъ.

4.       Псалъэуха зэхэлъ-зэпха. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэ.

5.       Вводнэ псалъэ,  псалъэ зэпха, псалъэуха.

6.       Псалъэ занщ1эрэ зэдзэк1арэ.

7.       Псалъэухам и пкъыгъуэк1э зэпкърыхыныгъэ.

Морфологиемк1э-1

Зи  щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. Зи  щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. .

Орфографиемк1э-2

1.       Префикс зы-,зэ-щатхыр. Й, И щатхыр; макъзешэ Э къапсэлъыу хьэрф А щатхыр.

2.        Суффикс –У//-УЭ щатхыр; определительнэ псалъэ зэпхахэм я тхык1эр; ы-р хьэрфзэпэщ1. къыщ.

Диктанту –4 (8)

Изложенэу –3(6)

Сочиненэу -2(4)

 Къэгъэсэбэпыпхъэхэр

     1. Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Налшык, 2000 л

2.       Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэ грамматикэ. Налшык, 2001

3.       Адыгэбзэм и псалъалъэ. Мэзкуу, 1999 гъэ.

Н А Ш И  К О О Р Д И Н А Т Ы
361402. КБР. Чегемский район. с.п. Чегем Второй, ул. Ленина 155, тел.8(866)307-6505. school2_chegem2@mail.ru

Intel

 

(C) МКОУ СОШ №2 с. п. Чегем Второй
Разработка и дизайн сайта: Кишев Муаед Адилович